Сочинение по адыгейскому языку адыгэ хьак1эщыр

Муниципальнэ мылъку гъэсэныгъэм иучреждениеу «Гурыт еждап1эу №18»

Адыгэ Республикэр Урысыем щыщ.

Анцокъо Астимир Аскэр ыкъо я 7-рэ класс ис «Гурыт еджап1эу 18»

Мыгу Бэлэ Руслъан ыпхъу, «Гурыт еджап1эу №18» адыгабзэмк1э ик1элэегъадж.

къ.Мыекъуапэ-2018

Адыгэ Республикэр Урысыем щыщ.

Ипсыхъо чъэрмэ

Мыжъор акъутэ.

Пхъэшъэбэ чъыгмэ

Пшысэр а1уатэ.

Гур агъэлъатэ

Ипшысэ нэфмэ,

Гур агъэк1эжьы

Ныбжьырэ шъофмэ!

Л1ыхэсэ Мухьдинэ иорэдэу «Адыгэ ч1ыгу» зыфи1орэм ти Адыгэ Республикэ идэхагъэ къыще1о.

Хэтрэ ц1ыфи къызщыхъугъэ лъэныкъо ыпсэ хэт1агъэу и1. Ар дышъэм нахь лъап1, ижь къабзэ уезэщрэп, ищытхъу ябгъа1о пш1оигъу, ихахъо удэгу1э. Ч1ыгум пэпш1ын щы1эп. Ч1ыгур — Ны. Ащ игъомылэ куц1 тегъэш1ы, къытхилъхьэрэ гушхуагъэм зытегъэ1эты. И1 нэбгырэ пэпчъ ч1ып1э рэхьатэу, псэм хэпчын умылъэк1ынэу щыщ хъугъэу ч1ыгу залэ — игумэк1и, игуш1уагъуи, игупшыси, инасыпи епхыгъэу, ылъэгупашъо нэсымэ 1эзэгъупс фэхъоу.

Тихэку ц1ык1у къэралыкъошхоу Урысыем хахьэ. Урысыер къэралыгъошхоу, хэку дахэу, баеу щыт.. Тарихъэу и1эмрэ, хъишъэу пылъымрэ зэрэдунаеу аш1огъэш1эгъонэу зэрагъаш1э. Ар бгъэш1эгъонэу щытэп, сыда п1омэ, уахътэ теш1эрэм пэпчъ тич1ыгу къыщыублагъэу тиц1ыфхэм анэсыжьэу нахь гъэш1эгъон горэ, нахь дахэ горэ ахэолъагъо.

Урысыем хэку ц1ык1у бэу зэтефыгъ, ахэмэ мэханэшхо я1, яш1уагъэ зэфэшьхьафи къэралыгъом къырагъэк1ы. Тэ ти Адыгэ Республики, ич1опс дахи, ич1ыгу баи иш1уагъэ къырегъэк1ы.

Тихэку ныбжьык1. Игъаш1э ц1ык1уми, иш1агъэ ины. Зызэхащагъэр илъэс т1ок1рэ тфырэ хъугъэ. Ау щытыми игимни , ибракъи, игерби,иконституции и1э хъугъэ.Тиреспубликэ къэралыгъуабзэу т1у щагъэфедэ:урысыбзэмрэ,адыгабзэмрэ. Ахэмэ фитыныгъэу я1эр зэфэдэ. Адыгеер бай, к1оч1эшху.

Мыщ лъэпкъ зэфэшъхьафыбэ щэпсэу. Ахэр бзэ эфэшъхьафхэмк1э мэгущы1эхэми,шэн-зек1ок1э зэфэшъхьафхэр я1эми , иякультурэхэмк1э зэтек1хэми зэрэлъытэх,зэдэ1ужьых,зэдаштэу 1оф зэдаш1э.Ащ уегъэгушхо ык1и уегъэгуш1о.

Ащ идэхагъэ орэдэу сыгу къе1ук1ы, огум ебыбэ, иджэрпэджэжь макъи къыслъэ1эсыжьы. Сыд фэдэрэ уахъти ар дахэ: бжыхьэми, к1ымафэми,гъэмафэми, гъатхэми… Чъыгхэр къэгъагъэмэ зызэлъаштэк1э, мэ1эш1оу къапихырэм гур къыдещае. Бзыу ц1ык1у макъэхэр зэпэджэжьхэу тыдэк1и къыщэ1ух. Сихэгъэгу к1асэ ц1ыф лъэпкъ зэфэшъхьафыбэ щэпсэу: адыги, урыси, ермэли, къумыкъуи, къэндзали, нэмык1хэри. Непэ тэ тищык1эгъэжьыр тищы1ак1э диштэу тинасып зиушхуныр, тиц1ыфышъхьэ бэгъоныр, тиуашъо шхъонт1эныр ык1и къэбзэныр. Тыгъэшхоу ташъхьагъы итыр къытэдэхаш1эу къытфепсыныр, т1э зэ¬к1эдзагъэу неущырэ мэфэ дахэр непэ зэдэдгъэпсыныр ары.

Урысыем ис лэпкъ зэфэшъхьафхэм я культурэхэри зэфэшъхьафых, я хабзэхэри дахэх, я шъуашэхэри гъэш1эгъоных. Тэ ти хэку ц1ык1у ахэмэ зэк1эми анахь баеу сэлъытэ.

Хэбзэ гъэш1эгъонхэри тилъэпкъ зэрехьэ. Нахьыжъым шъхьэк1афэ фаш1ы. Бзылъфыгъэм уасэу фаш1ырэр зэрэдунаеу ящысэ техып1. Силъэпкъ орэдхэр ижъык1э къыщыублагъэу ик1ас, щы1эныгъэм къыхэфэрэ лъэныкъо зэфэшъхьафхэм ахэр афэгъэхьыгъэх. Л1ыхъужъ орэди, ш1улъэгъу орэди, гухэк1 орэди, сэмэркъэу орэди ахэм къябэк1ых. Ау тикъэшъо орэдхэр зэхэзыхыхэрэм зыч1ып1э щысышъоу къахэк1ырэр мак1э. Тикъашъохэр зэфэшъхьафых: къэшъо псынк1эхэри, къэшъо шъабэхэри бэ мэхъух. Ти къашъохэр зыплъэгъук1э тилъэпкъ идэхагъи, ибаиныгъи, тишэн-хабзи, тилъэпкъ къырык1уагъэри ахэолъагъох.

Тэ тилъэпкък1э тынасыпыш1у , тымак1э нахь мыш1эми тыгук1э тыин. Анахь къэралыгъо инхэм ябгъаш1эми сыдрэ лъэныкъок1и тыбай. Ти къушъхьэхэр , ти мэзхэр , ти псыхъохэр , ти къащъохэр , ти орэдхэр — зыпэпш1ын зи щы1эп. Хьак1эу къытфак1охэри бэ , къанэу зыш1оигъоу къыхэк1хэри бэ.

Тишъуашэхэм зафэбгъазэмэ идэхагъэ ебгъэпшэнэу зи дунаем тетэп. Тыжьынрэ, дышъэрэ къябэк1эу, пчанэр ищыгъэу зыплъэгъурэм ахэр зыфадыгъэ лъэпкъым ишъауи ипшъашъи ядэхагъэ унэгу къык1эуцо. Тишъуашэхэмрэ ти1ашэхэмрэ нэпэеплъэу сурэтыш1ыбэмэ агъэфедэ. Зэрэдунаеу зэлъаш1эрэ «Черкесскэри» тилъэпкъ ыц1э тек1ыгъэу щыт.

Тилъэпкъ итэкъухьагъэ хъугъэ нахь мыш1эми, шэни хабзи ахэзыгъэп. Сыд фэдэрэ хэгъэгу пштагъэми тилъэпкъэгъоу ащыпсэухэрэр ахэош1ык1ы. Ахэм шэн гъэ1ылъыгъэ я1эу, зык1ыныгъэ ахэлъэу, ашъхьэ уасэ фаш1ыжьэу мэпсэух

Сыадыг зы1орэр адыга зэк1э?

Адыгэм къушъхъэхэр ыгу илъ,

Къиныгъом зимыгъэбылъ,

Адыгэм дахэу щы1эр пыль.

Нэхэе Р.

Сэ зэрэслъытэмк1э адыгагъэ, адыгэ-хабзэ, адыгэ-нэмыс зып1орэм, ащ зэк1э къыхеубытэ: узэрэпсэущтыри, узэрэзек1ощтыри, зызэрэпш1ыщтыри. А шапхъэхэр умыукъохэу, удэмыхэу ызыпсэушъук1э о у Адыг!

Адыгэ Республикэр ц1ык1уми идэхагъэ, иш1агэхэм и иц1ыфхэм Урысыер егъэбаи.

Адыгэбзэ… Налъкъут мывэу зэтепщ1ык1, адэжь щ1эину л1ыщ1ыгъуэ миным къыхэк1а, илъэс бжыгъэншэр зи ныбжь, адыгэлъым хэпщауэ къэзыхь, адыгэ лъэпкъым и гупсэ, адыгэгур зыгъэп1ейтейуэ и гурылъ-гурыщ1эхэр макъ жьгъру дахащэхэмк1э къэзыт1эщ1, дэтхэнэ зы адыгэми гукъыдэж къезыт, и пщэдейм гурыф1ыгъуэ хэзылъхьэ, мывэ къурш псынэу бзэрабзэ си адыгэбзэ! Уэ упсэуху псэущ лъэпкъыр, уэ ущымы1эжмэ — лъэпкъыр к1уэдыжауэ аращ. Ди адыгэбзэр псэунущ ар налъкъутналмэсым пэтщ1у зетхьэмэ, тхъумэмэ, гъащ1эм деж хуэфэщэн увып1э едгъгъуэтмэ бзэм и 1эф1агъыр, лъэщагъыр зыхэтщ1эу дыщытмэ, пщ1э хуэтщ1у дыкъэхъумэ, дыкъэтэджмэ.

Адыгэхэм ди дежк1э бзэм мыхьэнэуэ и1апхъэр къегъэлъагъуэ бзэр къыщыунэхуам абы «анэдэлъхубзэр» зэрыф1ащам.

Анэм нэхърэ нэхъ лъап1э щыщымы1эк1э, бзэр анэдэлъхуу Тхьэм къыщыдитак1э, лъэпкъым и дэтхэнэ ц1ыхуми абы пщ1эшхуэ хуэтщ1у, лъагъуныгъэ мыкуэщ1 худи1эу дыщытын хуейщ.

Ди адыгэбзэр, анэдэлъхубзэр лъпкъыбзэ нэхъыжьхэм хабжэ. Апхуэдэ хъугъуэф1ыгъуэри хъумауэ дэ къыднагъэсащ ди узэщ1ак1уэхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ, нэхъыжьхэм. Ик1и, абыхэм тхуахъума бзэр дгъэк1уэдыныр, ар 1эщ1ыб тщ1ыныр емык1ушхуэ зыпылъщ.

Дауэ 1умпэм пщ1ын хуей укъэзылъхуа анэм и бзэр?

Ди бзэр 1умпэм тщ1ымэ, абы дыхуэмысакъмэ, зэдмыпэсыжмэ, сытым дрищ1ысыж? Адыгэбзэм и пщэдейр дэращ зэлъытар.

Дэ адыгэхэм тщыгъупщэ хъунукъым: л1ыщ1ыгъуэ бжыгъэ къэтхьащ тхэк1э – еджэк1э 1эмал димы1эу, «к1ыф1ыгъэм» дыхэту дызэрыпсэуар. Къыдэзауэхэми хъуащ, ди щ1ыгу ттрахами кърагъэк1уащ, ауэ ди адыгэбзэр хэти хуэгъэк1эдакъым,т1урахыни ялък1акъым. Псынэр пхудэжмэ нэгъуэщ1 щ1ып1эм къызэрыщиудыжым, жыг ираупщ1ык1ам и лъабжьэр къызэрыдэжыжым хуэдэу ди адыгэбзэри зауэ-маф1эм къелащ, лъэхъэнэ бзаджэхэри къызэринэк1ащ.

«Зи бзэр ф1ыуэ зымылъагъум и Хэкум гулъытэ нэс хуи1энукъым. Зи бзэр зыф1эмы1уэху ц1ыхур мыгъасэщ. Абы и бзэр къыщ1ыф1эмы1уэхур и лъэпкъым и блэк1ари, нобэри, къэк1уэнури зыуи къридзэкъыми аращ»,- жи1эгъащ Паустовскэм. Гупсысэшхуэ зыщ1элъ мы псалъэхэр тщымыгъупщэу дыщытын хуейщ дэтхэнэ адыгэри. Ит1анэщ ди къэк1уэнур хъуэпсэгъуэ зыщ1ын щ1эблэ узыншэ, зи щхьэм, зи бзэм пщ1э хуэзыщ1ыж ц1ыху дыщыхъунур.

Ди адыгэбзэм хуэдэ бзэ дахэ, бзэ бей щы1экъым.

Зы лъэпкъ псо зэгурызыгъа1уэ бзэщ ди адыгэбзэр, ар я1урылъащ зи напэм япэ псэр изыгъэща ц1ыху щэджащэ куэдым .

Урыс литературэр иропагэ Александр Пушкин усэбзэк1э итха и «Евгений Онегин» романым, усыгъэмрэ псэмрэ я лъагъуэр хэзыша Лермонтов Михаил…

Дауэрэ умыщ1энрэ Горький М., Толстой Н. сымэ я 1эдакъэщ1эк1 щэджащэхэр зэратха бзэр? Ари щхьэпэщ, псэм ф1эф1щ.

Ауэ псом япэр уэ къыбдалъхуа , сэ къыздалъхуа бзэращ. Абы зыри иридэуэфынукъым. Я нэхъ лъагап1э дыдэм тетщ си лъэпкъ мащ1эм и классик щоджэнц1ык1у Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, Уэхътэ Абдулыхь и «1эсят и мывэ» повестыр…

Ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ тхак1уэщ Брат Хьэбас,Кхъуэхъу Цуцэ, Хьэкъун Исуф, Ахъмэт Мухьэдин, нэгъуэщ1хэри. Сынасыпыншэу зыслъытэжынут абыхэм я тхыгъэ телъыджэхэм седжэн папщ1э нэгъуэщ1 бзэ къэзгъэсэбэпын хуей хъуамэ. Гум нэсыр гум къыбгъэдэк1ыращ, ик1и зэи зэщхь хъунукъым анэм и бзэмк1э псэм къедэхащ1эу ятхамрэ хамэбзэм ирагъэзэгъамрэ зэрызэхэпщ1эр.

Дахэщ ди бзэр, хуэпщ1аф1эщ, пшынэбзэ шэщ1ауэ мэбзэрабзэ. А зэщ1эпщ1ыпщ1эр уи гум 1эпап1э зэмыфэгъуу, нурыбзэу къытонэ, уи псэр ехьэху. А дахагъэр тф1эмык1уэду пщэдейрей махуэм нэтхьэсыфын, къык1элъык1уэ л1ыщ1ыгъуэхэм гъащ1э щи1эу адыгэбзэр щы1ун папщ1э,нэхъыщхьэу къэслъытэр адыгэбзэм иригупсысэ, иритхэ, иреджэ, жьабзэ дахэ 1урылъу ирипсалъэ щ1эблэу дыщытынращ.

Бзэ лъэрызехьэ куэд тетщ дуне1м, къэралышхуэхэм я бзэ хъуауэ, ц1ыху куэд ирипсалъэу. Адыгэгу зык1уэц1ылъым, адыгэпсэ зы1утым и бзэр абыхэм нэхърэ зык1и нэхъ ф1эц1ык1унукъым. Къэбэрдей усак1уэ Щоджэн Аслъэнджэрий итхащ бзэм теухуауэ сатыр гъуэзэджэхэр:

Зи бзэр зымыдэу,зы лъэпкъ щымы1э,

Зи бзэр зыхъумэр мис ар лъпкъ къабзэщ,

Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ…

Адыгэбзэм ди дежк1э мыхьэнэуэ и1эр зыхуэдизым, ар зи уасэм ехьэл1ауэ куэд хужа1ащ ди япэ ита нэхъыжьыф1хэм, тхак1уэ ц1эры1уэхэм. «Дуней нэхум япэпсалъэр къызэрысщ1ар си анэдэлъхубзэращ»,- итхащ Мэшбащ1э Исхьэкъ. Жыс1эну сыхуейщ бзэми 1уэры1уатэми увып1э ин зэрыщиубыдыр, мыхьэнэшхуэ зэри1эр ди адыгэ псалъэжь дахэхэм. Бзэм и хабзэмк1э адыгэхэм зэи уи нэр кърищ1у жэуап къыуиткъым, ат1э псалъэжь щ1агъыбзэ, нэгъуэщ1хэри бзэм къегъэсэбэп,бзэр дахэ ещ1.

Щы1экъым бзэ ц1ык1у, е бзэ ин. Си адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм,дахэхэм,нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-1эрыхуэ дыдэхэм ящыщщ. Ди1экъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну. Зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдахэнущ, игъэкъэбзэнущ.

Усак1уэ Бемырзэ Мухьэдин и усэм щыже1э: «Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ».

Адэк1и щ1оупщ1э:

«Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?

Къвгъуэти тхыдэм зэ щищ1ыж ди гугъу,

Ди гъащ1эр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!»

Апхуэдиз зи лъап1агъ мы дунейшхуэм ц1эры1уэ щыхъуа адыгагъэр зэи лъэпкъым ар тхъуэжурэ къигъэщ1акъым, ат1э махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэселэжьурэ, зихъумэжурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ.

Апхуэдиз бэлыхьрэ хьэзабрэ тхыдэм щызышэча, илъэсищэ зауэмрэ истамбылак1уэ гу1эгъуэмрэ къела си лъэпкъыри и бзэри хэмык1эдэжын щхьэк1э хэти тхузэф1эк1ыр тщ1эн хуейщ.

Анэдэлъхубзэ! Ар зэбгъапщэ хъун щы1экъым. Ар зыми емыщхьщ. Ди бзэр дызэрыгушхуэщ,ди 1эщэщ, дин эм и нэхущ:

Адыгэпсэ – нанэ и псэ, сыту иупсэ дахэ!

Адыгэбзэ – дадэ и бзэ, сыту убзэ дахэ!

Еджап1эм щыддж предмехэм щыщу сэрк1э нэхъыщхьэ дыдэр анэдэлъхубзэращ. Адыгэбзэр дэ сэбэп къытхуохъу адыгэ л1акъуэм зэхуихьэса щ1эныгъэр, лъэпкэ щэнхабзэр джынымк1э. Ди еджап1эм сыщыщ1эхьа япэ илъэсым къыщыщ1эдзауэ сэ куууэ зыхэсщ1ащ анэдэлъхубзэм и 1эф1агъыр, и къарур, и лъэщагъыр. А гурыщ1э 1эф1хэр си лъым хэту сыкъэтэджащ. Ик1и абы щхьэк1э сэ сынасыпыф1эу зызобжыж.

1863 гъэм Нэгумэ Шорэ жи1эгъащ: «Сэ сымылъагъунк1и хъунщ а дакъикъэ 1эф1ыр – си лъахэм щ1эныгъэншагъэр 1эщ1ыб щищ1ыну лъэхъэнэр; сыт хуэдиз гухэхъуэгъуэ зыхэсщ1энт сэ абы щыгъуэм…Слъэк1ым хуэдиз сщ1ащ сэ, ф1ыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ къэхъугъэр зи 1эмырымрэ солъэ1у анэдэлъхубзэм хузи1а лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щ1эблэ си ужь къихъуэнк1э»,- жэуэ. Нобэк1э гуры1уэгъуэ тхуэхъур зыщ: бзэр хьэпшипкъым, нобэ пф1эк1уэдамэ, пщэдей къэбгъуэтыжыфыну. Ар ящэкъым ик1и къащэхукъым, ат1э ар ди анэдэлъхущи, нэгъуэщ1 гуэрк1этхуэхъуэжынукъым.

Абы сыт щыгъуи дыхэсакъын , зедгъэужьын хуейщ ик1и а псори зи пщэрылъыр дэращ,щ1эблэращ.

Си сочиненэр сыухыну сыхуейщ ф1ыуэ слъагъу си адыгэбзэм теухуа мы усэ зэхэслъхьамк1э:

Адыгэбзэ, си лъэпкъ дыщэм и бзэ!

Ц1ыхум и гуращэр на1уэ зыщ1.

Гуауэр зыгъэщащэ, жыр зыгъэущыкъуей

Ц1ыхум и гупщысэр жан хуэзыщ1.

Адыгэбзэ, къаруушхуэ зи1э,

Зи лъэпкъ и пэжыр зыгъэув.

Мыл 1уву щтахэр зыгъэвыж.

Узибзэм и щхьэр ину елъагъуж.

Си адыгэбзэу гуф1эгъуэбзэ!

Хъуэхъубжьэ дахэ зэрыжа1э.

Сабий къэхъуамэ и анэбзэ.

Адыгэщ зи бзэр жыбогъэ1э.

1ущыгъэр уи 1унк1ыбзэщ, адыгэбзэ.

Гуапагъэр уи 1эпэгъуурэ уопсэу

«Анэ» псалъэ дахэр ирижа1э

Хэкум ухуэусэурэ уопсэу.

Адыгэбзэу инджыджыпсу къабзэ!

Зи бзэр толъкъун лъэщу къэукъубей.

Дыщэ жыгыу зи жылэр купщ1аф1э

Зи лъэпкъ тхыдэр ену зыгъэбей.

ТЕМЭР:

«Адыгагъэк1э хьэщ1эмрэ бысымымрэ яхуэгъэза хабзэхэр»

Зыщ1ар:

11-нэ классым щеджэ

Мэмыхъу Албинэ.

Егъэджак1уэр:

Гъащтэ Анетэ С.

2014 год.

Адыгагъэк1э хьэщ1эмрэ бысымымрэ яхуэгъэза хабзэхэр.
Унэр зэрыдахэр бынщи,

1энэр зэрыдахэр хьэщ1эщ.

Дуней псом лъэпкъыу тетым зэхуэмыдэми зэтемыхуэми хэщ1эм ирахыу езыхэм я хабзэ я1эжщ. Кавказ лъэпкъхэр къапщтэмэ, хьэщ1э гъэхьэщ1энк1э ц1эры1уэщ, абык1э къалъэщ1ыхьэр мащ1эу къалъытэр.

Хьэщ1эк1э хуэмыхуныр адыгэхэм сыт щыгъуи емык1ушхуэу къалъытэт ик1и абык1э губгъэн къэзыхьым фэ ираплъэтэкъым, пщ1э лъэпкъи и1эжтэкъым. Дуней псом ц1эры1уэ щыхъуа мы адыгэ хабзэр ижь-ижьыж лъандэрэлъэпкъым къыдогъуэгуры1уэ ик1и абы дапщэ и ныбжьми зыми жи1эфынукъым. Абы и ныбжьыр езы лъэпкъым и ныбжьырагъэнущ. Пэжщ, л1эщ1ыгъуэ къэс езым и дэмыгъэ а хабзэм трилъхьащ, зэман къэунэхуным зэрек1у зэхъуэк1ыныгъэ, егъэф1эк1уныгъэ гуэрхэр хыхьэурэ к1уащ. Ауэ сыт хуэдизу а хабзэ хъэрзынэр зэманым имыудыныщ1ами, имы1уэтами и купщ1эр хъума хъуащ ик1и ди лъэпкъыр зыгъэбжьыф1э, и пщ1эр зыгъэлъагэ хабзэу ноби адыгэ ц1ыхухэм къытхэнащ. Арагъэнщ щ1ыжа1эри: «Адыгэм я нэхъ имыгъуэми шыгу п1астэ къыпхуещтэ»,-жи1эу.

Хьэщ1эмрэ гъэхьэщ1эк1эмрэ ехьэл1а адыгэ хабзэхэм зэпкъырыхауэ, купщ1аф1эу тетхыхьахэщ адыгэ щ1эныгъэл1 тхак1уэ, къэхутак1уэ куэди. Ахэм ящящщ К1эрашэ Тембот, Бгъэжьнокъуэ Барасбий, Мэф1эдз Сэрэбий, Къардэнгъущ1 Зырамыкурэ Щоджэн Хьэзешэрэ, Мамбэт Хьэлым, Мыжей Михаил, Къуажэщауэ Л., Мамхэгъ Рае сымэ, нэгъуэщ1хэр. Хамэ ц1ыхухэу адыгэ гъэхьэщ1эк1эр телъыджэу къызыщыхъуу абы тетхыхьыжахэм я бжыгъэр куэд дыдэ мэхъур.

Хэт къеблэгъами, адыгэхэм ягъэхьэщ1эт, ауэ хьэщ1э псори зэхуэдэу ягъэхьэщ1эу щытауэ жы1эгъуейщ. Абы елъытауэ хьэщ1эхэр мыпхуэдэу зэхыдзырт:

  1. Хьэщ1э лъап1э,
  2. Хьэщ1э къызэрык1уэ,
  3. Ц1ыхухъу хьэщ1э,
  4. Бзылъхугъэ хьэщ1э,
  5. Хьэщ1эщ хьэщ1э,
  6. Лэгъунэ хьэщ1э (я 1ыхьлы дыдэ е и гъунэгъу дыдэ ныбжьэгъу къак1уэмэ),
  7. Хьэщ1э нахуэ,
  8. Хьэщ1э щэху (зи ц1э къизымы1уэххэу щытахэр. Апхуэдэм еупщ1тэкъым),
  9. Хьэщ1э благъэ,
  10. Хьэщ1э хамэ,
  11. Зэджа хьэщ1э,
  12. Зэмыджа хьэщ1э,
  13. Хьэщ1э уэкъулэ, (мылъкук1э зэтехуа, маф1эс е зэрыпхъуэ къызылъыса ц1ыхур хамэ къуажэхэм ща1э ныбжьэгъу, ц1ыхугъэ хуэдэхэм ек1уал1эти, къуажэр къак1ухьурэ щхьэж хузэф1эк1ымк1э зыдагъэ1эпыкъут, мылъку гуэр яугъуеижт. Апхуэдэ хьэщ1эм уэкъулэк1э еджэт).
  14. Бий хьэщ1э (адыгэ хабзэм къызэриуьыдымк1э, уи бийри хьэщ1эу къок1уэл1амэ и гугъу умыщ1у хьэщ1агъэ епхын хуейт). Ар къагъэсэбэпти, лъы зытелъхэр (зытелъыр) зей 1эщ1эук1ам деж хьэщ1эу ек1уал1эт, зэкъуэхуауэ зыхуигъызэу унагъуэм я гуащэм и бгъэм 1упэк1э е1усэн папщ1э. ар къехъул1эмэ, гуащэм и бын хуэдэ хъути, зыми абы и гугъу ищ1ыну хуитыжтэкъым. А зи гугъу тщ1а 1уэхум хуэдэ хэмытми, я бий хьэщ1эу къеблэгъар хьэщ1эти, абы хабзэк1э хуащ1апхъэр хуащ1эт, я унагъуэ исыху зыри е1усэну хуиттэкъым.

Япэм ц1ыхухэр (ц1ыхухъухэр) зэрызек1уэр шууэт. Уеблэмэ, зы хьэблэм дэк1ыу адрейм к1уэнуми, адыгэл1ым и шы-уанэ зэщ1икъузэти дэшэсык1т. Бзылъхугъэхэр зэрызек1уэ хабзэр шэрхъит1 зыщ1эт гумм щхьэ телъу, щ1алэщ1э я гущхьэ1ыгърэ шу гъусэхэр ящ1ыгъуу.

Шур здеблэгъэнум я куэбжэм щы1ухьэк1э шым щ1опщк1э еуэт, унэм щ1эсхэм хыхахын папщ1э, ауэ пщ1ант1эм къэзылъагъу дэту ар ищ1этэкъым. Ар къыщыгуф1ык1ыу, ф1эхъус кърахыу ирагъэблагъэти, и шыр зыхуей хуагъазэт. Хьэщ1эщр апщыгъуэм пэш закъуэу, зы щ1ыхьэп1э ф1эк1аи имы1эу зэрыщытым папщ1э, бий къык1элъыкъуауэ щытмэ, къемыуэфын, хьэ къык1эщ1эмыпхъуэфын папщ1э хьэщ1эр хьэгъэрейм ипэ иту хьэщ1эщым щ1игъэхьэт. Къыщыщ1ишк1и а щхьэусыгъуэ дыдэхэм папщ1э езы хэгъэрейр ипэ иту къыщ1эк1т.

Шу хьэщ1эр гузавэу, куэдрэ щысын имыгугъэмэ, и щ1ак1уэр уанэм къык1уэрит1этык1тэкъым. И щ1опщыр хьэщ1эщ бжэгъуакъым зэрыпилъхьэмк1и бысымым къищ1эт зэманк1э хьэщ1эм и 1уэхур зытетыр: щ1опщыпсымк1э ф1эдзарэк1ыхьыу къелэлэхыу щытмэ, хьэщ1эм зэман и1эщ, жэщи щы1энущ. Щ1опщыр зэф1эгъэщ1ауэ и жьэгъумк1э ф1эдзамэ, т1эк1у зигъэпсэхуу, и мэжал1э иригъэк1ыу ежьэжыну арат къик1ыр. Хьэщ1эм зэман имы1эмэ, ныш хуэук1ын-сытхэм хэмыхьэу ерыскъы хьэзыру щы1эмк1э ягъэхьэщ1эти зэф1эк1т. (Джэдлыбжьэ, кхъуейжьапхъэ, къалмыкъ шей хуэдэхэмк1э).

Бзылъхугъэ хьэщ1эр зэи хьэщ1эшм щ1ашэтэнъым, ар сыт щыгъуи лэгъунэ хьэщ1эщ.

Шу хьэщ1эр щышэсыжк1э бысымым къыхуэарэзымэ, шищхьэр унэмк1э гъэзауэ шэсыжт. Бысымым аразы имыщ1ыфамэ е и жагъуэ зыгуэрк1э къащ1амэ, и щыщхьэр куэбжэмк1э гъэзауэ щэсыжти дэк1ыжт. Апхуэдэ къэхъумэ, унагъуэ псомк1и гуауэшхуэт, хэт зэхихми, напэтехыгъэт. Апхуэдэ къэмыхъунырат адыгэр егъэлеяуэ хьэщ1эм щыхуэсакъыр, «игъэхьэщ1эфакъым», «зы хьэщ1э аразы хуэщ1акъым»,-къыхужамы1эн папщ1э.

Адыгэхэм хьэщ1эм к1элъызэрахьэу щыта дахагъэ псоми куууэ утепсэлъыхьын щ1эбдзэмэ, зы тхылъышхуэ щхьэхуэ птхын хуейщ. Ауэ дэ иджык1э дыкъыщызэтеувы1энщ нобэ дызыхэт гъащ1эм и деж хьэщ1агъэм елъытауэ зэрихьэфынухэм, зэрихьэн хуейхэм.

Нобэк1э хьэщ1эм зрихьэн ик1и к1элъызэрахьэн хуей хабзэхэр к1эщ1у къыхэхауэ мыхэращ:

  1. Хьэщ1эр тхбэм щ1ил1ык1уэк1э, шэч хэмылъыжу адыгагэк1э пщ1эрэ нэмысрэ зылъысыпхъэ ц1ыхущ. Хьэщ1эм зы мащ1эк1и гурыщхъуэ ебгъэщ1 хъунукъым къызэребгъэблэгъар уимыгуапэу, ухуэщ1ы1эу. «Сыт хуэсщ1эн хуейуэ къэзгъанэу п1эрэ, сытк1э емык1у къысхуищ1ыну п1эрэ?»-жып1эу ук1элъыплъыпхъэщ.. нобэ уэ убысыммэ, пщэдей ухьэщ1энк1э мэхъу. Уэ къыпхуащ1эмэ уи гуапэр уи хьэщ1эми хуэщ1эпхъэщ. Ауэ жа1акъым: «Хьэщ1э къихьэмэ хэгъэрейр мэгуф1э»,-жи1эу.
  2. Адыгэ зи ц1эр, «сэ сыадыгэщ»,-жызы1эр хабзэм тету хьэщ1эм к1элъыплъыпхъэщ. Мы хабзэм и гъэзэщ1эным унагъуэм и псэук1эр зэран хуэхъун хуейкъым. Уэ уи1э мащ1эри гу къабзэ-псэ къабзэк1э хьэщ1эм пепхьэжьэмэ нэхъ къабылу къыщыхъунщ, куэд и1эрэ хьэщ1эм къуагъ хуищ1рэ гурыщхъуэ ебгъэщ1 нэхърэ. «Адыгэм я нэхъ мыгъуэри бысымщ!»-жыхуи1э псалъэжьыр хэти игъэзэщ1эн хуейщ.
  3. Адыгэм хэти фэрыщ1ыгъэ хэмылъу жри1эн хуейщ «еблагъэ», хьэщ1э зэхэдзи пщ1ын хуейкъым. Хьэщ1эр гуапэу ебгъэблэгъапхъэщ, ауэ еблэгъа нэужь «хъунщ узэрыщы1ар, е узэрыщысар»,-жи1э къик1ыу гу зылъебгъатэ хъунукъым. Хьэщ1эр ежьэжыным адыгэр зэи хуэп1ащ1экъым, ат1э сыт щыгъуи жа1э: «Хьэщ1эм и къэк1уэным езыр хуитщ, и к1уэжыным хуитыр бысымырщ»,-жи1эу.
  4. Ноби хьэщ1э щагъэхьэщ1эк1э бжьэ хутрагъэувэ хабзэщ, ауэ иджы щы1э фадэмк1э хьэщ1эр бгъэудэфэныр емык1ушхуэщ.
  5. Хьэщ1э 1энэм хьэгъэрейр и нэ1э къытримыгъэк1ыу к1элъоплъ, хьэщ1эхэр мыук1ытэу зэрышхэн хущ1окъу. Езыр мымэжал1эми, шха къудейуэ къыхуэзами,хьэщ1эхэм япэ шхэн щигъэтыжыныр емык1ушхуэщ, абы къок1 хьэщ1эхэм яшхар ирикъуну, щагъэтыжми хъуну, зрилъэфыхьурэ, хуэмурэ ядыщысыпхъэщ хьэщ1эхэм щагъэтыжыху. Хьэщ1э 1энэр зэф1эк1ми, зрагъэтхьэщ1ыж хабзэщ. Мыбдежым жы1ыпхъэщ адыгэ хабзэк1э хьэщ1э 1энэм бысымыр нэхъыжьу зэи зэрымыт1ысыр. Нэхъыжьу, гуп зэхэгъэсу т1ысын хуер я лъэпкъым щыщ а унэгъуэм щымыпсэущ, е и ныбжьэгъуф1щ, апхуэдэ имыгъуэтамэ, я хьэблэм щыщ нэхъыжьыф1щ, хэщ1эхэм ныбжьк1и, я щ1эныгъэк1и, уеблэмэ, я дуней тетык1эк1и ядэхъуфыну.
  6. Хьэщ1эхэм хуагъэхьэзыр 1энэм дэмыфыщ1ейн, емынэц1ын папщ1э, адыгэ хабзэм къегъэув псом нэхърэ нэхъапэу унагъуэм ис е хьэщ1эхэм ящ1ыгъу сабийхэр гъэшхэныр.
  7. Хьэщ1эр щысу хьэгъэрейхэр езыхэм я 1уэху тепсэлъыхьыну, зэгуэрк1э хьэщ1эм едэуэну емык1ущ.
  8. Хьэщ1ап1э ук1уамэ узэрыхьа унагъуэм щызек1уэ хабзэ-бзыпхъэхэм зебгъэк1ун хуейуэ щытщ пщ1э хуэпщ1у, къыбжа1эр уф1экъэбылу, уигу иримыхьри къызыхыумыгъэщу ущытыпхъэщ.
  9. Хьэщ1эм къыгуры1уэу щытын хуейщщытэджыжыпхъэр, щежьэжыпхъэр.

Ипэк1э зэрыжыт1ауэ, адыгагъэм куууэ ухэ1эбэмэ, хьэщ1эм ехьэл1а хабзэхэр куэдк1э нэхъыбэу щытащ.

Къэзгъэсэбэпа литературэхэр:

  1. Бгажноков Б. Х. «Адыгская этика», Нальчик, «Эль-фа», 1999 г.
  2. Бетрозов Р. Ж. «Адыги», Нальчик, «Эльбрус», 1990 г.
  3. Бетрозов Р. Ж. «Этническая история адыгов», Нальчик, «Эльбрус», 1996 г.
  4. Гутов А. М. «Этюды о Кавказском этикете», Нальчик, 1998 г.
  5. Мамхегова Р. А. «Очерки об адыгском этикете», Нальчик, «Эльбрус», 1993 г.
  6. Мыжей Михаил «Адыгэ хабзэхэмрэ ди зэманымрэ», Черкесск, 1980 г.

Сочинение.

2013 илъэс.

«Зиц1ыф лъэпкъ зъыгъэпыутырэм

ышъхьэ егъэпыутыжьы»

Адыгэ гущы1эжъ.

 «Щэпсэух дунаим адыгэ лъэпкъхэр…» Хэтрэ ц1ыфи илъэпкъ гушхоныгъэ хигъуатэмэ игуап. Сэри ащ фэдэ ц1ыфмэ сащыщ.Ц1ыф лъэпкъэу ятэжъмэ яч1ыгу зыгу илъэу къезхьак1эу, нэр зэфаш1мэ хэкум идэхагъэ зынэгу къык1эуцоу, зилъэпкъэгъумэ яц1ыфыш1угъэ, я1эш1угъэ зык1ышъорэ зыгурэ къэзгъэфабэрэмэ сащыщ.Сыадыг, адыгэ ч1ыгум сыкъыщыхъугъ, сыщап1угъ, адыгэмэ ялъ стыр слъынтфэмэ арэчъэ, адыгэмэ агу пытэ сыбгъэгу къыщытео. Сыадыг ык1и ащ сырэгушхо!

 Лъэпкъым къырык1уагъэм итарихъ зымыш1эрэмэ, мы сигущы1эхэр к1элэгъэ- шъхьаубэтагъэу сфалъэгъунк1и мэхъу. Ау блэк1ыгъэр къэдгъэтэджыжьэу, л1эш1эгъу пчъагъэхэмк1э тызэк1эплъэжьмэ, нэм къык1эуцорэр: бзаджэр, узыр, гъаблэр, пыйр, заор… Тхьапша к1одыгъэр, фэхыгъэр, ащагъэр… Адыгэ лъэпкъыр къызэлыжьыгъэр бэ.

 Л1эш1эгъу пчъагъэхэм зэо-пыджэхэр щырек1ок1ыгъ , лъыр псыхъоу щагъэчъагъ, сабый 1аджи ибэу къагъэнагъ, ны пчъагъэ насыпынчъэ аш1ыгъ. Шъыпкъэ, тек1оныгъэр пыим иеуи нахьыбэрэм къыхэк1ыгъ, ау агу агъэк1одэу, пыйм зыратэу къыхэк1ыгъэп. Ащ фэдиз гъогу къиныр къэзык1угъэ адыгэ лъэпкъыр шъхьафитэу къэнагъ.Къин бэдэд апэк1эк1ыгъэр, ау сыд фэдиз къин амыщэчыгъэми  яц1ыфыгъэ напи, яхэку ш1улъэгъоу фыря1эри ч1анагъэп, зэрэадыгэхэр ащыгъупшагъэп. А шъхьафитыныгъэр къытфыдэзхыгъэ л1ыхъужъмэ шъхьак1афэ афэсэш1ы.

 Сыдэущтэу сырымыгушхона сызэрэадыгэм? А заулэр зытехъык1ыгъэ лъэпкъым, ац1э зырыбгъэпагэмэ хъунэу , бэрэ дахэк1э ра1уагъ. Зэрэдунаеу, п1оми хъунэу, нэмык1 хэгъэгуми адыгэхэр щызэлъаш1агъ: Тыркуем, Мысырым ык1и нэмык1хэми. Ар къаушыхьаты дунаим щызэлъаш1эщтыгъэ ш1эныгэлъэжь путешественникхэу адыгэ шъолъырым къак1ощтыгъэхэм. Джорджио Интериано, Жан Шарден Ферран, Дж. Белл ык1и нэмык1хэми адыгэмэ къызахэхьэхэмэ, аралъэгъул1эгъэ шэн-зек1ок1э дахэу, ц1ыфыш1уныгъэу, адыгэ бзылъфыгъэм идэхагъэ уасэу фаш1ыгъэр бэрэ агъэш1эгъон икъун хъугъэ. Карл Маркс адыгэмэ апае ы1уагъ: «Народы, учитесь у черкессов, на что способны люди, желающие оставаться свободными». Ащ ыуж щытхъу гущы1э афэмы1ожьми хъунэу,адыгэмэ язытет а гущы1эмэ къыра1отык1ы.                  

                                              Адыгэм жъыгъэр елъытэ.

Нартмэ якъэбар е1уатэ…

Адыгэм къушъхьэр ыгу илъ,

Къиныгъоми зимыгъэбылъ.

Адыгэм хъишъэ бэу пылъ.

 Щысэу къэсхьымэ сш1оигъу адыгэ-мамлюкхэр. Хэт щыщыгъэха ахэр? Сыда гъэхьагъэу я1агъэр? Уадыгэмэ уарыгушхонэу сыда яш1уагъэу тилъэпкъ рагъэк1ыгъэр. Шъыпкъэ, яхэгъэгу пэчыжьагъэх,яч1ыгу къагъэзэжьынхэ алъэк1ыгъэп…

 Зэо-банэк1э , тхьагъэпц1ыгъэк1э тыгъугъэ хъугъэ адыгэ к1элэц1ык1ухэу, теплъэ дахэ зи1эу, гулъытэ куурэ к1оч1эшхорэ зыхэлъхэу Мысыр пщымэ а1эк1ахьэщтыгъэхэми якъэбар джы къызнэсыгъэми а1уатэ. Адыгэ-мамлюк нэбгырэ заулэмэ ац1э пытэу тарихъым хиубытагъ. Борэкъокъом щегъэжьагъэу Т1уманбай щиухыжьэу илъэс шъит1урэ шъэныкъорэ Мысыр хэгъэгум пщыгъор щаубыты. Барсбэй, Къайтбэй, Джамболэт, Къэншъаугъур ык1и нэмык1хэри. Акъылыш1охэу, гук1эгъуныгъэшхо зыхэлъ ц1ыфхэу, губзыгъэхэу, Мысырым ис ц1ыфхэм рэзэныгъэшхо къафаш1эу тарихъым къыхэнагъэх.

 Л1эш1эгъумэ зыдахьыжьыгъэ ц1ыфхэм ялъэуж дахэ изакъоп тызэрэгушхонэу ти1эр. Уахътэр лъэк1уатэ, к1эу ащ къыздихьрэр бэ. Бзаджэу къыташ1агъэмк1э  адыгэ т1эк1ум ипхъыхьэ -итэкъу тыхъугъэми,гук1одыгъор къызтетымгъак1оу тылъакъо пытэу тыкътеуцожьын тыфзэш1ок1ыгъ. Къэралыгъо ц1ык1у тыхъугъ. Адыгабзэр къэралыгъуабзэу, къэралыгъо тамыгъэхэри ти1э хъугъэх. Урысыем ац1э щызэлъаш1эхэу тхак1охэр, усак1охэр, ш1эныгъэлэжьхэр ти1э хъугъэ. Дунаим техъухьэрэмэ ащыгъуазэ тызыш1ыхэрэ лъэпкъ гъазетымрэ телевидениемрэ уарыгушхонэу щыт. Театрэхэр, ахэмэ ащылэжьэрэ актёрхэр, къашъо ык1и орэды1о ансамбльхэу щытхъур къытфэзыхъыхэрэмэ язакъоми сыдым ымыуасэха!

 Уадыгэмэ уигъэдахэу, хэбзэ дахэу ти1эм изакъоми! Хэкум къихьэрэ ц1ыфэу, хьак1эм зэрэпэгъок1хэрэр зымыгъэш1агъо щы1эп. Ар къаушыхьаты тарихъым къыхэнэгъэ тхыгъэхэм. Джырэ усак1охэми бэрэ къыхагъэщы. Адыгэмэ щы1эныгъэ гъогоу къак1угъэр зыфэдэр, ц1ыф зэхэтык1э дахэхэр къащра1отык1ы.

  Гук1одыгъор къызтрамыгъак1оу, ащ фэдиз гъогу къин къэзык1угъэ адыгэ лъэпкъым урыгушхоныр тэрэзэу сэлъытэ. Лъэпкъым ихъишъэ зыш1эжьырэ ц1ыф пстэури зыщыгушхонхэ ти1, тымыук1ытэжьэу. Сыадыг ык1и ащ сырэгушхо.

 Сэ сыадыг, сянэ адыг, сятэ адыг. Ара адыгэ сызыш1ырэр? Хьау, ащ изакъоп. Сэ сыныбжьык1, илъэс пш1ык1упл1 нахь сыныбжьэп, ау адыгэ сызыш1ыщт шапхъьэмэ сатетэу сызек1онэу сегугърэ, сищы1эныгъэ есэгъажьэ. Силъэпкъ ихъишъэ с1отэн икъунэу зэсэгъаш1э. Силъэпкъ итарихъ, къытк1эхъухьэщт ныбжьык1эмэ апае, сыц1э къыхэзгъанэ сш1оигъоу морад дахэ си1. Ары ц1ыфыр адыгэ зыш1ыщтыр. Илъэпкъ къырык1орэм фэгумэк1ы зыхъук1э ары. Тятэжъхэр къэтымыушъхьак1ужьынхэу, гъогоу тфыхахыгъэм занк1эу тырык1онэу, адыгац1эр дгъэлъап1эу тыщы1эныр — ар адыгагъ. . А зэк1эри зы1э илъыр тэры-джырэ ныбжьык1эхэр ары. Сыадыг сэ ык1и ащ сырэгушхо.

Раздел Другое
Класс
Тип Другие методич. материалы
Автор
Дата 26.01.2016
Формат doc
Изображения Есть

Поделитесь с коллегами:

Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худиIэ лъагъуныгъэр дызэрыцIыкIу лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджакIуэхэм.

Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз ФIыцIэмрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм зылI и быну, лъэпкъ пщыкIутIу зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу. Адыгэхэр зэикI зауэ-банэкIэ зэралъэфэлIа мылъкукIэ, е нэгъуэщI лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщылIу абы и пщIэнтIэпскIэ псэуакъым. АтIэ ахэм гъавэ хасэт, Iэщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я гуащIэ къабзэ, хьэлэлкIэ псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщIэ хуащIу, пагагъэр я бэу, лIыгъэрэ хахуагъэрэкIэ, пэжыгъэкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.

Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтыкIэ дахэ яIэт. Дэтхэнэ цIыхуми и хэкум нэхъапэ иIэкъым, уеблэмэ и гъащIэм япэ ирегъэщ.

Cи хэкууэ дыщэ губгъуэ,

ГъащIэщIэм и епэр!

Кавказым и щIы фIыгъуэ,

Уи теплъэм IэфI ещI псэр!

Си Хэку дыщэ! Сыту фIыщэу услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемыIэ щымыIэу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ псори фIыуэ зэролъагъу икIи зэдэIэпыкъуу зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам цIыху псори, зым хуэдэу, къызэщIэтэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, икIи кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.

Сыт хуэдэ Iуэху яужь симытми, зэпымыууэ согупсыс, си къарум къызэрихькIэ си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщIэным. Хэкум къулыкъу хуащIэмэ, мамырыгъэм хуэлажьэу арщ. Мамырыгъэр ди дежкIэ гъащIэ насыпыфIэщ. Дэ дыхуейщ ди цIыхухэм я гъащIэ насыпыфIэр махуэ къэс нэхъри нэхъыфI, нэхъ тынш, нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну. Аращ къулыкъу зыщIэхэр псэемыблэжу щIыхущIэкъур къэралу щыIэр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным. Къулыкъу зыщIэ куэдым я гъащIэр лIыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум

папщIэ ят. Хуей хъууэ щытмэ, сыхьэзырщ си Хэку лъапIэм папщIэ си псэр стыну.

Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ.

Сэ сынасыпыфIэу зызолъытэж, сыту жыпIэмэ си Хэку лъапIэм сисыжщи. Зи Хэку имысыж цIыхур тхьэмыщкIэщ. И Хэкум зи псэр хуемыIэ щыIэкъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмыIэси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэкIэ жыдоIэф. Адэжьхэм я псэр зыщыхуарзэ хэкужьым къэмыкIуэным щIэмыхъуэпс хэхэсу псэу ди дэлъхухэм, шыпхъухэм зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын хуейщ. Дэнэ щIыпIэ щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.

Хырехъуэ махуэ къэс ди мылъкум, ди Хэкум, цIыхухэм зраужь!

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уэгум сихьамэ,

щIылъэр си плъапIэщ.

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уи лъахэм ситмэ,

Дунейм сытеткъэ.

Уи къалэ щхьиблым

Зыкърагъэщхьу,

Вагъуэзэщиблыр

жэщкIэ зэщIоблэ.

А блым еянэу,

Нэхъ ябжьэфIэкIыу

Си гурыфIыгъуэр

Адыгэ хэкукъэ.

Уи нэр зыдэплъэм

Уи лъэр лъоIэсыр.

Къырым илъ дани

УлъэIэсакъэ.

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уи лъахэм ситмэ,

Дунейм сытеткъэ.

Сочинение по родному(черкесскому) языку на тему:Уи Хэкур лъэщмэ урогушхуэ

Сочинение по родному(черкесскому) языку на тему:Уи Хэкур лъэщмэ урогушхуэ

Сыда адыгэ хабзэр?

Адыгэ хабзэр — пчэдыжь гухахъу,
Адыгэ хабзэр — тимэфэ хъохъу.
Адыгэ хабзэр пчыхьэми чэщыми —
Къызыщыттефэрэм, боу тыфэхъупхъ.
Адыгэ хабзэр — гулъытэ пщалъ,
Адыгэ хабзэр — гупшысэ псалъ,
Адыгэ хабзэр — адыгэ нап,
Адыгэ хабзэр — мытхыгъэ пшъхьап.
Адыгэ хабзэр — тилъэгъохэщ,
Адыгэ хабзэр — тигъозэхащ,
Адыгэ хабзэр — адыгэгум илъ,
Адыгэ шъыпкъэм ылъ егъэуалъ.

Iэдэбныгъэр хэтрэ цIыф лъэпкъи хэлъын фае. «ЦIыфыным пае цIыфыр къэхъугъ, уцIыфыныр — ар насыпыгъ», — ыIогъагъ урыс тхэкIошхоу Максим Горькэм.

Сыда цIыфыр адрэ псэ зыпыт пстэумэ зэратекIырэр? ЦIыфым Тхьэ лъапIэм акъыл къыритыгъ. Дэимрэ дэгъумрэ зэхифынэу, дахэмрэ Iаемрэ зэхимыгъэ­кIокIэнэу. Хьарамымрэ хьалэлымрэ ахэдэнэу, шIум фэлэжьэнэу, Iэдэб хэлъынэу. Адэ адыгэ хабзэу, тихэбзэ лъапIэу мы сызфэусагъэр бгъэцэкIэн плъэкIыщта Iэдэб пхэмылъэу? Хьау! Iэдэбныгъэу цIыфым хэлъым елъытыгъ илъэпкъ хабзи зэригъэцакIэрэр.

Сыда Iэдэбыр?

Iэдэбыр — цIыфым игупшысакIэрэ игущыIакIэрэ, иакъыл зэригъэIорышIэрэ изекIокIэ-псэукIэхэм къапкъырэкIы. Iэдэб зыхэлъ цIыфри, зыхэмылъри ятеплъэкIи, ягущыIакIэкIи, ящхыкIэкIи къэ­ошIэх. Iэдэбныгъэ зыхэлъ цIыфым укIытэ хэлъ, шъхьэкIафи иI. Нэхъоир ынэгу кIэлъ, шъхьэлъытэжьыр нурэу игъус. Адыгэ гущыIэжъхэм арэлажьэ, адыгэ шэн-зэхэтыкIэхэр икIасэх, егъэцакIэх. Адыгэ хабзэм ибзыпхъэхэр гущыIэ заулэкIи, гущыIэухыгъабэкIи къибгъэкъунхэ плъэ­кIыщтэп. УицIыкIугъом къыщегъэжьагъэу унагъоу укъы­зэрыхъухьа­гъэм, лъэпкъэу узыщыщым шIулъэгъуныгъэу фыуигъэшIыгъэм, уянэ-уятэмэ шъхьэкIафэу афэпшIырэм елъытыгъэу, гъэсэпэтхыдэ дахэхэу зэхэпхыгъэхэм къапкъырыкIэу адыгэ шэн-хэбзэ дахэхэр къызыппкъырыхьэ­хэкIэ — Iэдэбыр пхэлъы мэхъу.

Уадыгэ пшъэшъэ тэрэзмэ, Iэдэбныгъэр гъусэшIу. Iэдэбым шэныр епсыхьэ, акъылыр егъэIорышIэ, цIыфыр егъэдахэ, адыгэ шэн-зэхэтыкIэхэр пшIомыкъинэу огъэцакIэх.

Зыбзэ зышIокъинэу, зишэн-хабзэхэр зиIэкIыбым, Iэдэб тэрэзи хэлъышъущтэп, аукъодыеуи фэнэIосэщтэп. ЦIыфым лъэпкъэу къызхэкIыгъэм ыбзэ Iумылъэу ишэн-хабзэхэр ышIэщтхэп, Iэдэб тэрэзи хэлъыщтэп. Ащ фэдэ цIыфхэм, ежьхэр тхъэжьхэу, дунаим зэрэфаехэу щыпсэухэу къащэхъуми, къызыхэкIыгъэхэ лъэпкъыр агъэцIыкIу.

Арышъ, типшъэшъэ ыкIи тикIэлэ ныбжьыкIэхэр, тишэн-хэбзэ дахэхэм шъуа­фэшъыпкъэмэ, Iэдэбныгъэри шъуигъу­сэщт. Ар адыгэ шэн-хабзэм ылъапс!

Хъут (Хьэшхъуанэкъо) Сар.
Адэмый.

Понравилась статья? Поделить с друзьями:

Новое и интересное на сайте:

  • Сочинение по аварскому языку на тему т1абиг1атги инсанги
  • Сочинение по аварскому языку дир эбел
  • Сочинение по а н толстому родина егэ по русскому
  • Сочинение по а грину в рамках егэ
  • Сочинение по 2 главе мертвые души кратко

  • 0 0 голоса
    Рейтинг статьи
    Подписаться
    Уведомить о
    guest

    0 комментариев
    Старые
    Новые Популярные
    Межтекстовые Отзывы
    Посмотреть все комментарии