Сочинение на тему адыгэш

152                  

                                                                                     Шыф1ыр л1ыгъэм и ныкъуэщ

Ц1ыхум шыр унагъуэ псэущхъэ щищ1ар ди лъэхъэнэм ипэк1э е 3-нэ илъэс минрауэ хуагьэфащэ.

Ди лъэпкъым и гушхуап1э нартхэр щыщы1а зэманым шымрэ ц1ыхумрэ пхузэк1эрымыхыжын зэхуэхъуагьэххэт. Шы лъэпкъ къэгъэщ1ынк1и, а псэущхъэ угъурлыр тэрэзу зехьэнк1и гъэсэнк1и 1эмалыф1э хъуагъэххэт.

Нартхэр щыпсэуар илъэс мин 3,5-м щ1игъужауэ къыщалъытэк1э, нэгу къыщ1эгъэхьэгъуейщ ди лъэпкъымрэ шымрэ къызэдак1уа гъуэгум и к1ыхьагъыр, ахэм бэлыхьуи гуф1эгъуэуи зэдагуэшар.

Адыгэхэм апхуэдизк1э я гумрэ я псэмрэ хыхьат а псэущхьэ дахэр, щхьэпэри, абы ф1ащащ я анэ къадилъхуахэм я ц1эр — «шы» (къуэш, шыпхъу, анэш). Адыгэхэм къинэмыщ1ауэ лъэпкъ дунейм тету къытхуэгъуэтакъым апхуэдэ гъэлъэп1эныгъэ а псэущхьэм хуищ1ауэ. Аращ иригушхуэу ди лъэпкьым жезыгъэ1ари: «Адыгэшрэ адыгэл1рэ».— жэуэ. А т1ур зэгуэпх мыхъуну ялъытэт, адыгэл1ым и шыр ф1эк1уэдамэ, — и щ1ыльэныкъуэр гуэхуауэ арат. Жа1эж адыгэл1ым и уанэшыр щыф1адыгъум и нэ лъэныкъуэр ирищ1ыжауэ, ар щащ1эм зэримылъэгъуам папщ1э.

Адыгэхэр апхуэдизк1э шым хуэсакъыу, хуэщабэу щытти, адыгэ щ1опщым и к1апэм, шым ил имыгъэузын папщ1э фэ щэбабзэ (банифэ) е щэк11ув падэт. Адыгэ шумк1э щ1опщыр зэраху 1эмэпсымэтэкъым, ат1э шу фащэ къудейт. Щууейм и шым щ1опц уэгьуэ ирихамэ, ар къызэрымык1уэ къэхъугъэ ящыхъут.

Нэхъапэ дыдэ адыгэ шууейхэм урыс офицерхэм я шырыкъухэм ф1элъ шыгъэц1ывыр щалъэгъуам, езыхэр ук1ытауэ щытащ яшхэм щхьэк1э, апхуэдизк1э ар ик1агъэ къащыхъуати.

Шым ехьэл1ауэ адыгэхэм хабзэшхуи зэрахьащ, къызэрымык1уэ щ1эныгъи ябгъэдэлъащ. Аращ л1акъуэ къэс езым и шы льэпкъ бжыгъэ и1эжу щ1ыщытари.

Шэч хэлъкъым, илъэс мин бжыгъэу адыгэхэмрэ шымрэ къызэдак1уам и к1уэц1к1э шы лъэпкъ куэди къызэрыхъуам, 1эджи щ1ым зэрытек1уэдык1ыжам.

Мифологием хыхьэжу нартхэм я1ащ шы лъэпкъ алъпыр. Зэкъуэшит1 Уэзырмэсрэ Хъымыщрэ я адэ Пызгьэщи, Къанж и адэ Дэбэчи, Щокъан и адэ Нэсрэн Жьак1и зытесахэр алъпщ. 1уэры1уатэм зэрыжи1эмк1э, Бадынокъуи, Къанж и къуэ Щэуеи, Бэтрэзи зытесахэр тхы 1упщ1э лейрэ дзажэналъэ лейрэ зыхэльа алъпхэт. Сосрыкъуэ и Тхъуэжьейр чынт зауэл1ым къытрихат. Апхуэдэу щыщытк1э, а чынтхэри шы хъунрэ гьэсэнрэк1э армуакъым.

Нартхэм яшхэм ф1ащу щыта ц1эхэу эпосым кьыхощ мыпхуэдэхэр: Фэехъу, Пщ1эгъуалэ К1эупс, Ерк1агуэ, Ерк1уцэ, Пэхужь, 1ущэ, Тхъуэкъарапц1э, Блапц1э, Щхьэгъур, Джэмыдэжь, Пщ1эгъуалэ, Тхъуэжьей, Кьарапц1э, Пц1эгъуэплъ, Псыгъуэ, Бланащхъэ, К1ыхь, К1эщ1, Ц1ык1у, Гъуэ, нэгьуэщ1хэр.

Ди лъэпкъхэр (адыгэхэр, абазэхэр, абхъазхэр) къызытек1ыжа хьэтит1хэм (хаттхэм) шыр щ1ащ1эу щытащ кьыутанхэм иту зэрызауэу щыта зауэ ry шэрхъит1хэм (боевая колесница). Ахэм щ1эщ1ат шит1, кьыутанми зауэл1у зы е т1у итт, зыр шабзэк1э бийм яхэуэу, адрейм шыхэр зэригъак!уэу.

Ауэ ди нарт эпосым зыщ1ып1и дыщрихьэл1акъым шы щ1ащ1эу щытауэ къыхэщу.

Илъэс бжыгъэ куэдк1э узэ1эбэк1ыжми, Синд къэралыгъуэр щыщы1ами, мыуэт1хэм, зиххэм, къуэсэгъухэм (касогхэм), нэгьуэщ1 адыгэ л1акъуэхэми я зэманхэм хэплъагъуэкъым шыр щ1ащ1эу щытауэ. Арагьэнщ ди лъэпкьым щ1имы1эр шыр зэрыщ1ащ1э 1эпслъэпсхэм я ц1эхэр езым ейуэ. Адыгэхэм шыр щ1ащ1эу щаублар урысхэм нэхъ яхыхьэ-яхэк1 щыхъуаращ.

Адыгэ Xэкyp ижь лъандэрэ къэзыухъуреихь ди гъунэгъу тэтэр-тырку лъэпкъхэм сыт щыгъуи шылыр яшх пэтми, шыщ1эр я нэхь хьэщ1эныш лъап1эу щытми, ди лъэпкъым зэи шыл ишхакъым, а псэущхьэр и къуэшу илъытэти.

Щы1ащ а шылышх лъэпкъхэм я гъунэгъуу псэууэ е яхэсыпэурэ ядэплъея адыгэ гуэрхэри шыл яшхыу, е тэтэр-тырку лъэпкъыу адыгэхэм яхэшыпсыхьыжахэм ящыщщ, (а я лъэпкъ хабзэжьыр я1эщ1эмыхуауэ).

Шы зехуэнымрэ зехьэнымрэ хуабжьу хуэ1эзэу щытащ ди лъэпкъыр. Абы щыхьэт тохъуэр ижь лъандэрэ адыгэхэм къак1элъыплъахэм я 1эдакъэщ1эк1ыу къызэранэк1а тхылъхэр. Ахэм зэратхымк1э, е 10-нэ л1ыщ1ыгъуэм къыщыщ1эдзауэ шыудзэ зауэк1э адыгэхэм къапэувыф щы1акъым.

3ауэ хуэ1ухуэщ1эк1э хьилмышхуэ зыбгъэдэлъхэм, абык1э ц1эры1уэхэм зэрыжа1амк1э, адыгэ шыудзэхэм бжьыпэр я1ыгьащ. Ик1и адыгэ шу зауэл1ыр щыблэм хуэдэу ялъытэг. Адыгэшым ищ1эт къытес л1ыр зыхуэдэр ик1и, ар л1ы хъуну къилъыта нэужь, зэи къигъэщ1эщхъутэкъым и псэр пыхунуми, хьэф1ым зыгъашхэр зэригъэпэжым хуэдэу. Адыгэшыр бэшэчт, зауэ 1уэхум хуэщ1ат, псыми, маф1эми щышынэтэкъым. Апхуэдэ дыдэу езы адыгэл1ри и шым хуэпэжт, зыхуэныкъуэншэу щигъэтт, и жагъуэ ищ1тэкъым, щытеск1э, лъэдакъэк1э к1уэц1ыт1ыхьтэкъым. Адыгэл1ым и шыр зэрызэригъак1уэр шхуэмылак1этэкъым, ат1э куэпкък1эт, шыр удынк1э бгъэшынэну, епхужьэну ц1ыхугъэншагъэт, абы шыр къарууншэ, бэшэчыншэ ищ1у ялъытэт. Уеблэмэ, адыгэл1ыр ныбэк1э и шым нэхъ егугъут къилъхуа и быным нэхърэ. Абы и щыхьэту Хьан-Джэрий мыпхуэдэ щапхъэ къехь: «… 1833 гъэм Кавказ псом гъаблэшхуэ щы1ат. Ц1ыхур хуабжьу гугъу ехьт. Ит1ани езыхэм зыкъагъанэурэ яшхэр ягъашхэт. Чэрчэнеипщым и шы хъупхъэхэр зэнтхъ, хьэ, хук1э игъашхэт, езыри и ц1ыхухэри ныбэк1э хуабжьу гугъу ехьми. Абы папщ1и пщым емык1у хуищ1ыну зыми ижьэ зэтрихатэкъым, ищ1эр тэрэзу къалъыта нэхъ.

Сыт хуэдэ гузэвэгъуэ адыгэл1ым темылъами, иужьк1э шыуэ щыгугъыжмэ, зэи жэщ-махуэ зэпыту игъэмэжэл1энутэкъым, иджыри и шым ихьыпу щытми, къэувы1эти, жьы урыхьэгъуэ иритт, шы ныбэпххэр игъэлалэти. Шыр лъагэу епхауэрэ щ1эгъущыхьа нэужь уанэр трихт, уанап1эр удз 1уэнт1ак1э илъэщ1т, псы иригъафэти, ит1анэт щигьэхъуак1уэр. Щыгъуэгурык1уэм деж шыр псы иригъафэтэкъым гъуэгу ик1ужыну фоч yэгъуит1 къыхуэмьшэжауэ (фочым и шэр здынэсракъым, и макъыр здэ1урщ фоч уэгъуэ жыхуа1эр).

Жэщым зызыгъэпсэхуа шым шэсу зэуэ ирищ1эпхъуэтэкъым, зы фоч уэгъуэк1э лъэбакъуэ защ1эк1э к1уэт шым ишхар и льатэм ик1ыу и к1эт1ийхэм ихьэн папщ1э. Шур къэувы1эху и шыр епхъухыурэ удз ц1ынэм емы1эн папщ1э адыгэхэм къагупщысащ уанэ зытель шыр уанэ къуапэ къуаншэ ящ1урэ яут1ыпщу (шыр лъагэу здеппх хъун здимы1эхэм). Ар — шхуэмылак1эр зы лъэныкъуэмк1э ешэк1ауэ ик1эмк1э щы1э уанэкъуапэм ф1адзэти, шыр ик1и е1эбыхыфтэкъым, ик1и занщ1эуи к1уэфтэкъым и пщэр щ1э1уэнт1ати, зигъэджэрэз мыхъумэ жыжьэ 1ук1ыфынутэкъым. (Уанэкъуапэ пхэнжи жа1э).

«Ныкъуэлъахъэр шыгъэк1уэдщи, щэлъахъэр псэ гъэтыншщ,» — жызы1а адыгэм ар, дауи, куэдыф1рэ игъэунэхуагъэнщ. Адыгэл1ым и уанэшыр зыгъэсэжыр езырат, шым езым нэхъ зыри зримыгъэк1уал1эу, зыми зыкъримыгъэубыду игъасэт. Арат шэщми шыр емыпхауэ щ1ыщ1агъэтыр, шыдыгъу щ1ыхьэжыкъуэмэ, хуиту къезэуэн щхьэк1э. Ик1и куэдрэ къэхъут апхуэдэу мыщхьэхыу ягъэса шым и шэщым шыдыгъу къыщагъуэтыжу е имыук1ыпэми, ныкъуэдыкъуэ, игъащ1эм мыдыгъуэжын ищ1у. Ирахужьэу къурыкъук1э къамыубыд шы1эсэ уэнэшу ягъэсэну зэи къыхахтэкъым адыгэ шууейхэм.

Адыгэхэр шыбз шэс щыхъуар совет властыр зэф1эувэу хабзи-бзыпхъи зэхатхъуэжа нэужьщ. «Фыз утесу дауэ къэпк1ухьын’?» — жа1эти, шыбз ягъасэтэкъым, лъхуэп1эуэ зэрахуэ нэхъ.

Езым и шы лъэпкъ зи1э дэтхэнэ пщыри тк1ийуэ к1элъыплът и дамыгъэр зыхуэмыфащэ шы трамыдзэным е нэгъуэщ1ым къимыгъэсэбэпыным.

Адыгэхэм куэду шы ящэу щытащ, ауэ а ящэм зэи хагъахуэтэкъым шыбзи хак1уи, ящэр алащэ защ1эт. Адыгэшыр ящэхут ди гьунэгъу лъэпкъхэм къинэмыщ1у Урысейми, Кърымми, Молдавиеми, Польшэми. Зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыжу урысыдзэм хэт дэтхэнэ офицерми и шэщым адыгэш щ1этын хуейэ илъытэт.

Кърым бэзэрым адыгэшхэр (псом хуэмыдэу «щолэхъур», «бэчкъаныр», «къундетыр») езыхэм яйхэм нэхърэ хуэдэ 25-к1э щынэхъ лъап1эт. Уеблэмэ, апхуэдэ зы алащэ щхьэк1э унэ1уту 5 — 6 щыщ1ат хъут. Езыхэм яшхэр пиастр 15 — 20 и уасэмэ, адыгэшхэр и уасэт пиастр 200 — 500.

Адыгэхэм шыр шэщым ща1ыгъыу щытакъым. Хъуэт хъуми, жьыгъуаджэ гуэрхэр къыхуагъуэтурэ гъэмахуэми щ1ымахуэми хъуп1эм ща1ыгът, уэсыр кууми, ф1алъэ лъакъуэхэмк1э мылыф къыщ1агъэщурэ хъуак1уэт. Мэкъук1э щадэ1эпыкъур 1умылу щ1ы щхьэфэр щытещтык1ым дежт. Адыгэхэр урысыдзэм къимыкъузауэ я хъуп1эхэр хуиту ща1ыгьам бжьыхьэк1э, щ1ымахуэ мазэхэм шыхэр щагъэхъут ц1ыху здимыс, псы ежэххэр здэмащ1э тафэхэм. Шэщым ща1ыгъыу, 1ус зрату шыхэм яхэтыр уанэшхэмрэ хак1уэхэмрэт. Псом хуэмыдэу жэщк1и-махуэк1и зэрыжа1эу я 1э зык1эрымык1ыр я уанэшхэрат.

Адыгэхэм уанэшыпхъэу къыхаха хак1уэщ1эр щасэк1ыр гъатхэ епл1анэр зэпичмэт. У1эгъэр хъужа нэужь ягъасэт, шхуэмрэ уанэмрэ ирагъащ1эти, аргуэру зы илъэск1э хъушэм хагъэтыжт жагъын къимыщтэн папщ1э. Ит1анэт (гъитхур зэпичауэ) къаубыдыжу тэрэзу гъэсэн щыщ1адзэр, щагъэувыр.

Уанэшу ягъэсэну ягъзувар зыщ1агъэтыр шэщ зэщ1эуфат, лъапэнэху мащ1э нэхъ имы1эу. Абы зык1э шыр нэ жан ищ1т, ет1уанэу, гъудэ-бадзэ щ1ыхьэтэкъым. 1ус егъэшхыныр 1эбжьыб закъуэк1э къыщ1адзэти, махуэ къэс хагъахъуэурэ хуэшхым хуэдизым нагъэст. Зи пкъыфэл тэрэзу ит шым езым хурикъун нэхъыбэ ишхынукъым, 1усым хуит хуэпщ1ми. Абы папщ1э шыр зэрагъэуврэ мазэм щ1игъуа нэужь 1усыр чейм изу бгъэдагъэувэт. Шы ягъасэм (ягъэхъэзырым) 1уагъахуэтэкъым удз ц1ынэ, зэрагъашхэр мэкъу дыгъэлрэ 1усрэт, и цыр дахэ хъун папщ1э 1усым хак1утэт ху мыужьгьа т1эк1уи.

Адыгэ уанэшыр гъэсэным илъэс ныкъуэм щ1игъу ихьт, махуэ къэс абы елэжь щ1алэм ищ1апхъэхэр гъэнэхуауэ, махуэ псом абы ф1эк1аи 1уэху имыщ1эу. Шыри игъасэт, игъэхьэзырт, езыми къарук1э зипсыхьт. Апхуэдэ шы гъэсэк1эр шырэ 1эщрэ я 1эмал ф1ыуэ зыщ1э л1ыжьхэм я нэ1эм щ1этут зэращ1эр.

Илъэсихыр зэпызымыча алащам зек1уэ ирежьэтэкъым. Аращ псалъэжьуи къыщ1энар: «Гъэрихым уэркъ щауихыр дошэс»,— жоуэ. Хак1уэк1и зек1уэ ежьэтэкъым — шы илъагъуху щыщурэ уигъэнэ1уэнути, и зешэнри къэзэуатт. Ныбжь и лъэныкъуэк1э адыгэхэм шыхэр мыпхуэдэу зэхадзт: шыщ1э — илъэс ирикъуху, нэбгъэф — илъэсит1 ирикъуху, къунан (хъур), къунажын (бзыр) — илъэсищ хъуху. Илъэсищым ф1эк1мэ, хак1уэхэм йоджэ дунанк1э, бзыхэм — дунажынк1э. Гъатхипл1ыр зэпызыча хъур хак1уапхъэу къагъанэмэ, хак1уэщ1эщ ясэк1мэ, алащэщ, алащэщ1э зи гъэсэгъуэщ, бзым йоджэ шыбзыщ1эк1э, зи хак1уэ етыгъуэк1э. Япэ лъхуэху а ц1эр зэрехьэри, лъхуэмэ, псэуху шыбзщ. Шыхэм я шыщ1эдзэхэр зэхъуэк1ын щаухыр гъатхипл1 зэпачмэщ. Мис абы трагъахуэт хъухэм я сэк1ыгъуэри. Уанэшым и 1эпкъльэпкъ псор тыншу щызэрубыду ялъытэр илъэсибгъу хъумэщ. Абы нэсыху шыр гуэбэнук1 умыщ1у бгъэтыншмэ, ит1анэ леягъэ йомыхмэ. А ныбжьым нэса шым и нэщ1ащэм нэпс къежэхып1э хуэдэу лэдэх ц1ык1у кьещтэ лъэныкъуит1ымк1и. Зы 1эм тэрэзу зэрихьэмэ, нэсу гъэхьэзыра, гъэса шыр сэбэп къихъу зок1уэр илъэс 30-м нэсыху, нэхъыбэри. Сэбэп мыхъужу, хуиту ут1ыпщыжауэ щытмэ, мэпсэур илъэс 40-м щхьэдэхыу. Граждан зауэм и л1ыхъужь, л1ыгъэ къызэрымык1уэ зыхэлъа Котовский Григорий и шым куэдрэ тесащ, ф1ыщэуи илъагъут. Топышэ къутахуэ шым и щхьэкуц1ым къыщыхэхуэм, яримыгъэук1ыу врач 1эзэхэм къыхригьэхыжщ, щхьэкъупщхьэм жэз трабзэри, зауэр иухыху тесыжащ. Езыр зауэ нэужьым гъуанэдэууэ щаук1ым и шыр хуиту яут1ыпщыжри, илъэс 42 ирикъуауэ л1эжащ.

Я зэхэгъэтык1эк1э шыхэр мыпхуэдэу ягуэшт: шыбз 12-м зы хак1уэ къызэрык1уэ хэтмэ, хак1уапщ1эщ. Хак1уэр лъэрыхьмэ, шыбз 25-м нэс ещтэ.

Хак1уэпщ1ищ зэхагъэхьэмэ (зы хак1уэ лъэщыф1 яхэту), ар жэрыбэ гуэрэнщ. Жэрыбэ гуэрэнищыр (шыбзи 105 — 110) гуартэ мэхъу. Гуартищ зэхыхьэжмэ, табынщ. Абы гуартэбэк1и йоджэ.

Адыгэшхэр къызэрымык1уэу бэшэчт, зейм хуэщыпкъэт. Куэдрэ зауэхэм къыщыхъут тесыр къау1эу къехуэхамэ, шыр бгъэдэгъуалъхьэу, къарыуншэ хъуа зауэл1ым уанэгур иригъэгъуэтыжын папщ1э. У1эгъэм ар хузэф1эмык1мэ е дзапэк1э и бгырыпхыр къиубыдти къы1уихт, е жэщым к1элъигъэзэжт.

Урыс-Кавказ зауэм л1ыгъэ зэрихьэу хэта, хъыбар куэди, уэрэди зи1э Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэ 1812 гъэм Наполеон Урысейм къыщытеуам (Урысейм дэ1эпыкъуну адыгэхэм щуудзэ ягъэхьэзырат, ауэ пащтыхьыр шынэри зауэм хигъэхьатэкъым) урысыдзэм хыхьэри, а и зы адыгэш «бэчкъаныр» зэримыхъуэк1ыу, зауэм хэт зэпытурэ Париж нэс к1уэри, ар дыдэм кърик1уэжыгъат. (К1эрашэ Тембот. «Шапсыгъ пщащэ» повесть).

Я плъыфэ елъытак1э шыхэр мыпхуэдэу ягуэшт: Къарэ, Къарапц1э, Гъуэ, Гъуат1э, Къэбыфэ, Пц1эгъуэплъ, Брул, Къуэлэн, Тхъуэ, Щхъуант1э. (Адыгэшхэм ц1эуэ ф1ащыр нэхъыбэ дыдэм я плъыфэхэрат, аращ я теплъэхэри хьэрфышхуэк1э къыщ1едгъэжьар).

Шым и нат1эм хужьышхуэ исмэ, нат1э гъуджэщ, хужь мащ1э исмэ, нат1э вагъуэщ, и лъакъуэр лъэгуанжьэм нэс хужьмэ, лъэпэд щыгъщ, и лъэкъыцым нэхъ мыхужьмэ, лъапэхущ, шы къарэм и пэщъынхэм цы хужьыфэ къик1ухьмэ, пэхущ. Шым и ф1алъэ лъакъуэхэр лъэдийм деж щыкъуаншэмэ, шк1э лъакъуэщ.

Шым и лъатэм шхыну (псыуэ) ихуэр литрэ 15 — 20-щ, 1эщышхуэм ейм — литрэ 200-м нэс, мэл-бжэнхэм — 30. Ауэ шым и к1эт1ийхэм йохуэ литри — 150 — 160, 1эщышхуэм — 50, мэл-бжэнхэм — 5. Абы къыхэк1ыу шыр сыхьэт бжыгъэ куэдк1э зэпымууэ мэшхэф, 1эщхэм хуэдэу т1ысу гъуашхэкъым.

Шым и тхьэк1умит1ыр е зыр мытэрэзу щытмэ, дагуэ жа1э. Езы шыр быхъухэгуауэ щытмэ, лъагуэщ, шхуэ1ур жьэдэлъхьэгъуеймэ, жьэ быдэщ, шхуэ1ум ф1ыуэ имыгъэ1урыщ1эмэ,— щхьэ быдэ жа1э. Апхуэдэ шы 1умп1ей къэзэуатхэм, уанэ зытельхьэгъуейхэм и сокум е и к1эм щыщ тыкъыр къыпаупщ1ри, шхуэ1ум ищ1ауэ жьэдальхьэ, абы къимыгъэ1урыщ1э шы щы1экъым, къызыжьэдидзыжыну пылъурэ мыдэк1э зыхуейр иращ1э.

Шым и узыфэ зэмыл1эужьыгъуэхэу мыхэм щыгъуазэт адыгэхэр: сэкъау, пэгъубжэ, шынт1ы1у, ф1энт1ы1у1, мылъкусын, шытехьэгъуэ, сэрмэлыч, дзэмыхэ, гъэса (зэщ1эплъауэ псы ирагъафэу ягъэувыжмэ), лъы, шы хьэп1ац1э, уэлмэ, нэгъуэщ1 куэдми. Пэгъубжэмрэ (сап) сэрмэлычымрэ (сыбыр язвэ) мыхъумэ адрейхэр къанэ щ1агъуэ щымы1эу ягъэхъужыфу щытащ.

Мифологием хэт алъпым къинэмыщ1ауэ адыгэ-абазэхэм я шы лъэпкъыу щы1ащ мыпхуэдэхэр: Къэбэрдеймк1э — Абыкъу, Къандур, Къэбан, Къундет, Къуралей, Трамэ, Хьэгъундокъуэ, Щолэхъу, Шагъдий. Шэрджэсымк1э — Ачэтыр, Алъэсчыр, Хьэгъундокъуэ, Абыкъу. К1ахэмк1э — Бэлэтокъуэ, Бэчкъан, Еслъэней, Мэчарэ, Чэрчэней. Абазэшхэу — Лоутхъуэ, Трамэ, Иуан.

Л1акъуэу зейр къытхуэмыгъуэтыжауэ иджыри шы лъэпкъыц1э 1эджэ щы1эщ: Агъэн, Джэлыкъ, Джырынджыху, Жажэ, Жыращты, Къатлъэнжэн, Къураты, Хьэбэч, Чэбэхъан, нэгъуэщ1 куэд. Шэч хэмылъу ди деж къэса лъэпкъыц1эхэм къанэмыщIауэ иджыри куэдык1ей щы1ащ. Адыгэ лIакъуэхэр 30-м блэкIыу щыщытакIэ, лIакъуэ къэси шы лъэпкъ тIурыт1-щырыщ мынэхъ мащ1э яIащ. Ауэ ахэри, ахэр зеяхэри адыгэм и тхыдэ бзаджэм и къуэладжэхэм дэк1уэдэжащ. Уи гур игъэупщ1ыIуу къыщIетхъ мы зи цIэ къит1уа къомым ящыщу нэбэкIэ къэнэжар къэбэрдеиш-шагъдий закъуэр зэрыарам ущегупсыскIэ! Сыт къэнэжа дэ къыдамыщ1ауэ». Урыс-Кавказ зауэм, революции, Граждан зауэм, большевикхэм я дэкъузэныгъэм лъэпкъми, абы илъэс мин бжыгъэхэмкIэ зэфIигъэува щ1энгъуазэми, гъуазджэми, лъапсэрыхыр къыхуахьащ.

Ди нобэм къэсауэ дэ иджы дызэрыгушхуэр «адыгэ, адыгэ хабзэ, адыгэ нэмыс» жыхуаIэу щытахэм, адыгэр Кавказ псом и хабзэ-бзыпхъэкъэгъэщ1 зыщIыфауэ щытам и къутахуэ мащIэ дыдэш. Ари дымыгъэкIуэдыжыпэу зэрызетхьэн акъылрэ зэгурыIэныгъэрэ дяпэкIэ Тхьэм къыдит! ..

Щолэхъушым нал щIалъхьэу щытакъым. Абы и лъэдакъэмкIэ адрей шыхэм хуэдэу зэгуэх иIэтэкъым, и лъэкъуампIэр фалъэ1ум хуэдэу хъурейт, езы шыр хуабжьу ц1эрыIуэт, егъэлеяуэ шы быдэт, лъэщт.

ЗекIуэшкIэ бэчкъанышыр, нэхъыф1уи мыгъэлъыхъуэну, цIэрыIуэт, жэрыкIыхьт гъуэгу кIыхькIэ къылъэщIыхьэ щыIакъым, жэщым я нэхъ кIыфIым зэ нэхъ зэрымык1уа гъуэгур къигъуэтыжт, хуэкIыхь щ1ыкIэу зэхэзекIуэшхуэ зи1эт, и кIэбдз лъакъуэхэр фIалъэхэм щхьэпрыбэкъукIт лъэкьуампIэм щIигъукIэ.Трамышхэр лIэужьыгъуитIу щы1ащ: адыгэ трамрэ, абазэ траму. Абазэ трамхэращ иужь кьинэу 30 гъэхэм зэрапхъуэжар. Гум-Лоукъуажэ (Красный Восток) щыщ зэкъуэш Трамэхэм ягъафIэу зэрахьа шы лъэпкъ хъарзынэр «кулак» дощ1 жа1эри, зейхэр Хэкум ирахущ, яшхэри зэрапхъуэри, ахэм ящыщу къэрэшейхэм я1эрыхьахэрщ иужькIэ «къэрэшэIеишу» къыщIидзыжахэр. Ахэм хьэкъыпIэкIэ узэреджэн хуейр «абазэшщ».

Трамышыр щызек1уэк1э и лъэбакъуэм дэхъуу и тхьэкIумэхэри зэригъакIуэт лъэныкъуэ псомкIи игъазэу. Апхуэдэм папщ1э адыгэхэм жаIэт: «Шыр тхьэкIумэкIи маплъэ».

ЗекIуэлIхэм я хъуэпсапIэ шы лъэпкъ хъарзынэу щытащ абыкъушри. Уанэшк1э къыхуэт щы1этэкъым. Арагъэнщ уэркъыжьхэм щIыжаIар: «Зы абыкъурэ зы аркъэнрэ уиIэмэ, уунагъуэщ»,— жэуэ. Нэхъ укъуэдияуэ мы псалъэжьыр зэрыщытар мырат: «Зы абыкъушрэ Лоухэ ягъэщауэ зы аркъэнрэ уиIэмэ, уунагъуэщ», жэуэ. Лоухэ хуабжьу хуэIэзэу шыкIэ аркъэн ягъэщу щытати аращ псалъэжьым щ1ыхыхьар. Гъатхэ дамыгъэ тедзэгъуэм адыгэхэм къунанхэм, къунажынхэм я кIэ, я сокухэр паупщ1т, дахэу къащыхьт. Абы зэхуахьэс шыкIэхэр къанэ щIагъуэ щымы1эу Лоухэ къахьурэ шыкIэ аркъэн ирагъэщIт. ШыкIэ аркъэн имы1ыгъыу зекIуэл1 гъуэгу техьэнутэкъым, щыщIыIи щыхуаби зэхуэдэу ар Iэрыхуэт, щIэх кIуэдтэкъым. ЗекIуэл1ыр жэщым щ1ып1э мыцIыху къыщыувы1амэ, здэгъуэлъынур шыкIэ аркъэнкIэ къиухъуреихьти, абы хьэпщхупщи, бэджи ебакъуэтэкьым, щIакIуэ бэлацэр и дэIэпыкъуэгъуу зекIуэл1ыp щахьумэт уэми дзакъэми.

Адыгэшым утепсэлъыхьыныр кIыхь дыдэу букъуэдиифынущ, ауэ къанэ щIагъуэ щымыIэу зэрыжыпIэфынур блэкIа зэманущ: щы1ащ, щытащ, ящIт, зэрахуэт… Ар гукъутэу зэрыримыкъу щыIэкъым.

Паллас зэхигъэувэу Броневский игъэтэрэзыжа тхылъым дамыгъэ щхьэхуэ-щхьэхуэ яIэу адыгэ-абазэш 30-м щIигъум я цIэхэр итт. Ар щызэхагъэувар е 19-нэ л1ыщIыгъуэм и пэщ1эдзэхэрат.

Дэ иджы «адыгэшкIэ» дызэджэ хъуну къытхуэнэжар къэбэрдеиш закъуэращ. Абы ящыщу лъы къабзэ зыщ1этхэращ «шагъдийкIэ» зэджэр.

Нобэ Урысейм щыпсэу цIыху лэжьакIуэжьхэм я щыIэкIэм ещхь дыдэщ адыгэшми, адрей шы лъэпкъыф1хэу къэралым иIэхэми я щыIэкIэр. Колхоз-совхозхэр хьэкъыпIэк1э лъэлъэжащ, нэхъ унафэщ1 акъылыфIэ зиIэу къызэтена мащ1эм къинэмыщIауэ. Гъащ1э зэхэтхъуар псом япэ зытегуплIахэм ящыщщ шыхэр. Псом хуэмыдэу, зэи пхуэмыгъэзэкIуэжын зэранышхуэ шымкIэ къэралым къыхуихьауэ щытащ Хрущев и хьэгъапхъэ политикэм. Абы и ужькIэ шым и Iуэхур ди кьэралым щехуэхыжыпяш к1уэ шы завод гуэрхэр къэнати псори абы къуэсащ

Иужьрей илъэсхэм шым имызакъуэу 1эщ псоми хуащ1эу щыта селекцэ (хъупхъэ) лэжьыгъэр к1ащхъэ хъупащ, 1эщ лъэпкъыф1у къэралышхуэм и1ауэ щытам и зэхуэдит1ым блэк1ыр щы1эжкъым. Ауэ апхуэдэурэ куэдрэ к1уэнукъым, къэралым и щы1эк1эм зыкъимы1этыжмэ, 1эщрэ шырэ дэнэ къэна, ц1ыхухэри ф1эк1уэдынк1э шынагъуэ къыщхьэщоувэ.

Т1эк1у уигу зыгъэф1ыну нобэк1э щы1эр адыгэшым и уней фермэхэр къызэрагъэпэщ зэрыхъуаращ. Абы ф1эщхъуныгъэ къыдет адрей адыгэш лъэпкъ к1уэдыжа псоми ф1ыгъэу яхэлъар зэхуэхьэсауэ зыхэль (шыгуш, уанэш, хьэлъэзехьэ) шагъдийр мы к1уэдыжыну.

1уэху псоми тегъэпсыхьауэ щытынымк1э нобэ дуней хъурейм деж шагъдийм лъэщ1эгъу къыхуэхъу шы лъэпкъ щы1экъым. Ар адыгэ лъэпкъым ди набдзэщ, зэрытхъумэн, дызэрыхуэсакъын хуейри набдзэм хуэдэукъым, нэм хуэдэущ!

Шэрджэс Алий – «Адыгэхэмрэ ахэм я хабзэхэмрэ»

Toggle the table of contents

Адыгэш

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Уилиам Алан. «Адыгэпщ» (1843 гъэ)

Адыгэ́ш — шы лӀэужъыгъуэ дунем и нэхъ жъыдыдэхэм ящыщ. Дунейпсом и тхылъ шы лӀэужъыгъуэхэм теухуам яхэт.

Тхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр зэпымыкӀыу шы зехуэным, къэгъэсэбэпыным, гъэпсыным пышъауэ щыт, адыгэшхэр Къаукъазым щымыхъукӀэ шӀыпӀэ бжыгъэхэми цӀэрыӀуэ хъуахэ. ТхыдэмкӀэ шы лӀэужъыгъуэр адыгэ лъэпкъпсом яуэ къэплъытэ хъуну, инджылыбзэм, урысыбзэм пэмыкӀ бзэхэми шы лӀэужъыгъуэм цӀэ зэрихьэр къэбэрдеиш (ин-бз. Kabardian horse, урбз. Кабардинская порода лошадей). Къэбэрдей шӀыпӀэр нэхъ бэлыхь хъуа Адыгэ Хэкум и тхыдэм шы зехуэнымкӀэ, адыгэшым пкӀэшхо хуашът зекӀуэш бэлъыхь хуэду цӀэрыӀу — шы псынкӀэ, джан, емызэч, къушъхьэ гъогухэм техьэф-дэкӀыф.

Нэхъышъхьэ къэӀотыгъуэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • IKHA. Адыгэшым теухуа сайт. (индж.)
  • Адыгэшым теухуа тхыгъэхэр (урыс.)
  • Советхэм и шылӀэужъыгъэхэм я албом (урыс.)
  • Адыгэшхэр Эспаниэ Хэкум (урыс.)

е·т·г

Шыхэр

Шым теухуа щӀэныгъэхэмрэ
зехуэнымрэ
Шым и Ӏэплъэпкър • Шым и Ӏусыр • Шыгуартэ • Шым и кӀэлъыплъыгъуэр • Шы зехуэныгъэ • Шы плъыфэр • Шым и зэхэзекӀуэкӀэхэр Humayun, Marwari Stallion of Virendra Kankariya.jpg
Шыджэгухэмрэ спортымрэ Шы зехуэным теухуа псалъалъэ • Шыджэгухэм я тхылъ • Шы щӀэщӀэгъуэ • ШхуэӀу • Шхуэ • Уанэ • Шыгъажэ • Шэсыныр • Шыгъажэхэр Олимпиэ джэгухэм • Гъэлъэгъуэнхэр • Шуун Ӏэсагъэ
Эволуциэмрэ тхыдэмрэ Шыр Ӏэсэ зэрыхъуар • Шыхэр зауэм • Шыхэр Лъэхъэнэ Курытхэм • Шыхэр Ишъхъэрэ Азиэм и тхыдэм • Шыхэр Япэрей дунейпсо зауэм • Шыхэр ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм • Шыхэр Адыгэ Хэкум и тхыдэм
Уанэшхэмрэ пэмыкӀ
лӀэужъыгъэхэмрэ
Шы лӀэужъыгъэхэм я тхылъ • Шы Ӏэлмэхэр • Шыгушхэр • Шы хуабэлъхэр • Шыгъажэшхэр • ЗекӀуэшхэр • Шыд • Зебрэ • Губгъуэшыд • Къыдыр • Зеброид
Категориэ:Шыхэр

Муниципальнэ мылъку гъэсэныгъэм
иучреждениеу «Гурыт еждап1эу №18»

Адыгэ Республикэр Урысыем щыщ.

 Анцокъо
Астимир Аскэр ыкъо я 7-рэ класс ис «Гурыт еджап1эу 18»

Мыгу Бэлэ
Руслъан ыпхъу, «Гурыт еджап1эу №18» адыгабзэмк1э ик1элэегъадж.

къ.Мыекъуапэ-2018

Адыгэ Республикэр Урысыем щыщ.

Ипсыхъо
чъэрмэ

Мыжъор
акъутэ.

Пхъэшъэбэ
чъыгмэ

Пшысэр
а1уатэ.

Гур
агъэлъатэ

Ипшысэ
нэфмэ,

Гур
агъэк1эжьы

Ныбжьырэ
шъофмэ!

Л1ыхэсэ
Мухьдинэ иорэдэу «Адыгэ ч1ыгу» зыфи1орэм
ти
Адыгэ  Республикэ  идэхагъэ

къыще1о.

Хэтрэ   ц1ыфи  
къызщыхъугъэ   лъэныкъо  ыпсэ  хэт1агъэу  и1. Ар  дышъэм  нахь  лъап1, ижь 
къабзэ  уезэщрэп,  ищытхъу  ябгъа1о  пш1оигъу,  ихахъо  удэгу1э.
Ч1ыгум пэпш1ын щы1эп. Ч1ыгур — Ны. Ащ игъомылэ куц1 тегъэш1ы, къытхилъхьэрэ
гушхуагъэм зытегъэ1эты.  И1 нэбгырэ  пэпчъ
ч1ы
п1э рэхьатэу, псэм хэпчын умылъэк1ынэу
щыщ хъугъэу
ч1ыгу залэ — игумэк1и,
игуш1уагъуи, игупшыси, инасы
пи епхыгъэу, ылъэгупашъо нэсымэ 1эзэгъупс фэхъоу.

Тихэку ц1ык1у къэралыкъошхоу
Урысыем хахьэ. Урысыер къэралыгъошхоу, хэку дахэу, баеу щыт..
Тарихъэу
и1эмрэ, хъишъэу пылъымрэ зэрэдунаеу аш1огъэш1эгъонэу зэрагъаш1э. Ар
бгъэш1эгъонэу щытэп, сыда п1омэ,  уахътэ теш1эрэм пэпчъ тич1ыгу къыщыублагъэу
тиц1ыфхэм анэсыжьэу нахь гъэш1эгъон горэ, нахь дахэ горэ ахэолъагъо.

Урысыем хэку ц1ык1у бэу зэтефыгъ,
ахэмэ мэханэшхо я1, яш1уагъэ зэфэшьхьафи къэралыгъом къырагъэк1ы. Тэ ти Адыгэ
Республики, ич1опс дахи, ич1ыгу баи иш1уагъэ къырегъэк1ы.

Тихэку 
ныбжьык1. Игъаш1э ц1ык1уми, иш1агъэ ины. Зызэхащагъэр илъэс т1ок1рэ тфырэ 
хъугъэ. Ау щытыми игимни  , ибракъи, игерби,иконституции и1э
хъугъэ.Тиреспубликэ къэралыгъуабзэу т1у щагъэфедэ:урысыбзэмрэ,адыгабзэмрэ.
Ахэмэ фитыныгъэу я1эр зэфэдэ. Адыгеер бай, к1оч1эшху.

Мыщ
лъэпкъ зэфэшъхьафыбэ щэпсэу. Ахэр бзэ эфэшъхьафхэмк1э мэгущы1эхэми,шэн-зек1ок1э
зэфэшъхьафхэр я1эми , иякультурэхэмк1э зэтек1хэми
зэрэлъытэх,зэдэ1ужьых,зэдаштэу 1оф зэдаш1э.Ащ уегъэгушхо ык1и уегъэгуш1о.

Ащ идэхагъэ орэдэу сыгу къе1ук1ы,  огум  ебыбэ, 
иджэрпэджэжь  макъи  къыслъэ1эсыжьы. Сыд  фэдэрэ уахъти ар дахэ: бжыхьэми,
к1ымафэми,гъэмафэми,  гъатхэми… Чъыгхэр къэгъагъэмэ зызэлъаштэк1э, мэ1эш1оу
къапихырэм гур къыдещае. Бзыу ц1ык1у макъэхэр зэпэджэжьхэу тыдэк1и къыщэ1ух. 
Сихэгъэгу к1асэ ц1ыф лъэпкъ зэфэшъхьафыбэ щэпсэу:  адыги, урыси,  ермэли, 
къумыкъуи,  къэндзали,  нэмык1хэри. Непэ тэ  тищык1эгъэжьыр тищы1ак1э диштэу
тинасып зиушхуныр, тиц1ыфышъхьэ бэгъоныр,  тиуашъо шхъонт1эныр ык1и къэбзэныр.
Тыгъэшхоу ташъхьагъы итыр къытэдэхаш1эу къытфепсыныр, т1э зэ¬к1эдзагъэу неущырэ
мэфэ дахэр непэ зэдэдгъэпсыныр ары.

Урысыем ис лэпкъ зэфэшъхьафхэм я культурэхэри
зэфэшъхьафых, я хабзэхэри дахэх, я шъуашэхэри гъэш1эгъоных. Тэ ти хэку ц1ык1у
ахэмэ зэк1эми анахь баеу сэлъытэ.

Хэбзэ гъэш1эгъонхэри тилъэпкъ зэрехьэ. Нахьыжъым
шъхьэк1афэ фаш1ы. Бзылъфыгъэм уасэу  фаш1ырэр зэрэдунаеу ящысэ техып1. Силъэпкъ
орэдхэр ижъык1э къыщыублагъэу ик1ас, щы1эныгъэм къыхэфэрэ лъэныкъо
зэфэшъхьафхэм ахэр афэгъэхьыгъэх. Л1ыхъужъ орэди, ш1улъэгъу орэди, гухэк1
орэди, сэмэркъэу орэди ахэм къябэк1ых. Ау тикъэшъо орэдхэр зэхэзыхыхэрэм
зыч1ып1э щысышъоу къахэк1ырэр мак1э. Тикъашъохэр зэфэшъхьафых: къэшъо
псынк1эхэри, къэшъо шъабэхэри бэ мэхъух. Ти къашъохэр зыплъэгъук1э тилъэпкъ
идэхагъи, ибаиныгъи, тишэн-хабзи, тилъэпкъ къырык1уагъэри ахэолъагъох.

Тэ тилъэпкък1э тынасыпыш1у , тымак1э нахь мыш1эми
тыгук1э тыин. Анахь къэралыгъо инхэм ябгъаш1эми сыдрэ лъэныкъок1и  тыбай. Ти
къушъхьэхэр , ти мэзхэр , ти псыхъохэр , ти къащъохэр , ти орэдхэр — зыпэпш1ын
зи щы1эп. Хьак1эу къытфак1охэри бэ , къанэу зыш1оигъоу къыхэк1хэри  бэ.

Тишъуашэхэм зафэбгъазэмэ идэхагъэ ебгъэпшэнэу зи
дунаем тетэп. Тыжьынрэ, дышъэрэ  къябэк1эу, пчанэр ищыгъэу зыплъэгъурэм ахэр
зыфадыгъэ лъэпкъым ишъауи ипшъашъи ядэхагъэ унэгу къык1эуцо. Тишъуашэхэмрэ
ти1ашэхэмрэ нэпэеплъэу сурэтыш1ыбэмэ агъэфедэ. Зэрэдунаеу зэлъаш1эрэ
«Черкесскэри» тилъэпкъ ыц1э тек1ыгъэу щыт.

Тилъэпкъ итэкъухьагъэ хъугъэ нахь мыш1эми, шэни хабзи
ахэзыгъэп. Сыд фэдэрэ хэгъэгу пштагъэми тилъэпкъэгъоу ащыпсэухэрэр ахэош1ык1ы.
Ахэм шэн гъэ1ылъыгъэ я1эу, зык1ыныгъэ ахэлъэу, ашъхьэ уасэ фаш1ыжьэу мэпсэух

                                          Сыадыг
зы1орэр адыга зэк1э?

                                          Адыгэм
къушъхъэхэр ыгу илъ,

                                          Къиныгъом
зимыгъэбылъ,

                                          Адыгэм дахэу
щы1эр пыль.

                                                                                          
Нэхэе Р.

Сэ зэрэслъытэмк1э адыгагъэ, адыгэ-хабзэ, адыгэ-нэмыс
зып1орэм, ащ зэк1э къыхеубытэ: узэрэпсэущтыри, узэрэзек1ощтыри,
зызэрэпш1ыщтыри. А шапхъэхэр умыукъохэу, удэмыхэу ызыпсэушъук1э о у Адыг!   

Адыгэ Республикэр ц1ык1уми идэхагъэ, иш1агэхэм и
иц1ыфхэм Урысыер егъэбаи.

Муниципальнэ мылъку гъэсэныгъэм иучреждениеу «Гурыт еждап1эу №18»

Адыгэ Республикэр Урысыем щыщ.

Анцокъо Астимир Аскэр ыкъо я 7-рэ класс ис «Гурыт еджап1эу 18»

Мыгу Бэлэ Руслъан ыпхъу, «Гурыт еджап1эу №18» адыгабзэмк1э ик1элэегъадж.

къ.Мыекъуапэ-2018

Адыгэ Республикэр Урысыем щыщ.

Ипсыхъо чъэрмэ

Мыжъор акъутэ.

Пхъэшъэбэ чъыгмэ

Пшысэр а1уатэ.

Гур агъэлъатэ

Ипшысэ нэфмэ,

Гур агъэк1эжьы

Ныбжьырэ шъофмэ!

Л1ыхэсэ Мухьдинэ иорэдэу «Адыгэ ч1ыгу» зыфи1орэм ти Адыгэ Республикэ идэхагъэ къыще1о.

Хэтрэ ц1ыфи къызщыхъугъэ лъэныкъо ыпсэ хэт1агъэу и1. Ар дышъэм нахь лъап1, ижь къабзэ уезэщрэп, ищытхъу ябгъа1о пш1оигъу, ихахъо удэгу1э. Ч1ыгум пэпш1ын щы1эп. Ч1ыгур — Ны. Ащ игъомылэ куц1 тегъэш1ы, къытхилъхьэрэ гушхуагъэм зытегъэ1эты. И1 нэбгырэ пэпчъ ч1ып1э рэхьатэу, псэм хэпчын умылъэк1ынэу щыщ хъугъэу ч1ыгу залэ — игумэк1и, игуш1уагъуи, игупшыси, инасыпи епхыгъэу, ылъэгупашъо нэсымэ 1эзэгъупс фэхъоу.

Тихэку ц1ык1у къэралыкъошхоу Урысыем хахьэ. Урысыер къэралыгъошхоу, хэку дахэу, баеу щыт.. Тарихъэу и1эмрэ, хъишъэу пылъымрэ зэрэдунаеу аш1огъэш1эгъонэу зэрагъаш1э. Ар бгъэш1эгъонэу щытэп, сыда п1омэ, уахътэ теш1эрэм пэпчъ тич1ыгу къыщыублагъэу тиц1ыфхэм анэсыжьэу нахь гъэш1эгъон горэ, нахь дахэ горэ ахэолъагъо.

Урысыем хэку ц1ык1у бэу зэтефыгъ, ахэмэ мэханэшхо я1, яш1уагъэ зэфэшьхьафи къэралыгъом къырагъэк1ы. Тэ ти Адыгэ Республики, ич1опс дахи, ич1ыгу баи иш1уагъэ къырегъэк1ы.

Тихэку ныбжьык1. Игъаш1э ц1ык1уми, иш1агъэ ины. Зызэхащагъэр илъэс т1ок1рэ тфырэ хъугъэ. Ау щытыми игимни , ибракъи, игерби,иконституции и1э хъугъэ.Тиреспубликэ къэралыгъуабзэу т1у щагъэфедэ:урысыбзэмрэ,адыгабзэмрэ. Ахэмэ фитыныгъэу я1эр зэфэдэ. Адыгеер бай, к1оч1эшху.

Мыщ лъэпкъ зэфэшъхьафыбэ щэпсэу. Ахэр бзэ эфэшъхьафхэмк1э мэгущы1эхэми,шэн-зек1ок1э зэфэшъхьафхэр я1эми , иякультурэхэмк1э зэтек1хэми зэрэлъытэх,зэдэ1ужьых,зэдаштэу 1оф зэдаш1э.Ащ уегъэгушхо ык1и уегъэгуш1о.

Ащ идэхагъэ орэдэу сыгу къе1ук1ы, огум ебыбэ, иджэрпэджэжь макъи къыслъэ1эсыжьы. Сыд фэдэрэ уахъти ар дахэ: бжыхьэми, к1ымафэми,гъэмафэми, гъатхэми… Чъыгхэр къэгъагъэмэ зызэлъаштэк1э, мэ1эш1оу къапихырэм гур къыдещае. Бзыу ц1ык1у макъэхэр зэпэджэжьхэу тыдэк1и къыщэ1ух. Сихэгъэгу к1асэ ц1ыф лъэпкъ зэфэшъхьафыбэ щэпсэу: адыги, урыси, ермэли, къумыкъуи, къэндзали, нэмык1хэри. Непэ тэ тищык1эгъэжьыр тищы1ак1э диштэу тинасып зиушхуныр, тиц1ыфышъхьэ бэгъоныр, тиуашъо шхъонт1эныр ык1и къэбзэныр. Тыгъэшхоу ташъхьагъы итыр къытэдэхаш1эу къытфепсыныр, т1э зэ¬к1эдзагъэу неущырэ мэфэ дахэр непэ зэдэдгъэпсыныр ары.

Урысыем ис лэпкъ зэфэшъхьафхэм я культурэхэри зэфэшъхьафых, я хабзэхэри дахэх, я шъуашэхэри гъэш1эгъоных. Тэ ти хэку ц1ык1у ахэмэ зэк1эми анахь баеу сэлъытэ.

Хэбзэ гъэш1эгъонхэри тилъэпкъ зэрехьэ. Нахьыжъым шъхьэк1афэ фаш1ы. Бзылъфыгъэм уасэу фаш1ырэр зэрэдунаеу ящысэ техып1. Силъэпкъ орэдхэр ижъык1э къыщыублагъэу ик1ас, щы1эныгъэм къыхэфэрэ лъэныкъо зэфэшъхьафхэм ахэр афэгъэхьыгъэх. Л1ыхъужъ орэди, ш1улъэгъу орэди, гухэк1 орэди, сэмэркъэу орэди ахэм къябэк1ых. Ау тикъэшъо орэдхэр зэхэзыхыхэрэм зыч1ып1э щысышъоу къахэк1ырэр мак1э. Тикъашъохэр зэфэшъхьафых: къэшъо псынк1эхэри, къэшъо шъабэхэри бэ мэхъух. Ти къашъохэр зыплъэгъук1э тилъэпкъ идэхагъи, ибаиныгъи, тишэн-хабзи, тилъэпкъ къырык1уагъэри ахэолъагъох.

Тэ тилъэпкък1э тынасыпыш1у , тымак1э нахь мыш1эми тыгук1э тыин. Анахь къэралыгъо инхэм ябгъаш1эми сыдрэ лъэныкъок1и тыбай. Ти къушъхьэхэр , ти мэзхэр , ти псыхъохэр , ти къащъохэр , ти орэдхэр — зыпэпш1ын зи щы1эп. Хьак1эу къытфак1охэри бэ , къанэу зыш1оигъоу къыхэк1хэри бэ.

Тишъуашэхэм зафэбгъазэмэ идэхагъэ ебгъэпшэнэу зи дунаем тетэп. Тыжьынрэ, дышъэрэ къябэк1эу, пчанэр ищыгъэу зыплъэгъурэм ахэр зыфадыгъэ лъэпкъым ишъауи ипшъашъи ядэхагъэ унэгу къык1эуцо. Тишъуашэхэмрэ ти1ашэхэмрэ нэпэеплъэу сурэтыш1ыбэмэ агъэфедэ. Зэрэдунаеу зэлъаш1эрэ «Черкесскэри» тилъэпкъ ыц1э тек1ыгъэу щыт.

Тилъэпкъ итэкъухьагъэ хъугъэ нахь мыш1эми, шэни хабзи ахэзыгъэп. Сыд фэдэрэ хэгъэгу пштагъэми тилъэпкъэгъоу ащыпсэухэрэр ахэош1ык1ы. Ахэм шэн гъэ1ылъыгъэ я1эу, зык1ыныгъэ ахэлъэу, ашъхьэ уасэ фаш1ыжьэу мэпсэух

Сыадыг зы1орэр адыга зэк1э?

Адыгэм къушъхъэхэр ыгу илъ,

Къиныгъом зимыгъэбылъ,

Адыгэм дахэу щы1эр пыль.

Нэхэе Р.

Сэ зэрэслъытэмк1э адыгагъэ, адыгэ-хабзэ, адыгэ-нэмыс зып1орэм, ащ зэк1э къыхеубытэ: узэрэпсэущтыри, узэрэзек1ощтыри, зызэрэпш1ыщтыри. А шапхъэхэр умыукъохэу, удэмыхэу ызыпсэушъук1э о у Адыг!

Адыгэ Республикэр ц1ык1уми идэхагъэ, иш1агэхэм и иц1ыфхэм Урысыер егъэбаи.

Слайд 1
«ШЫФ1 ЗИ1ЭМ ДАМЭ ТЕТЩ».

(Адыгэшым теухуауэ)

ГБОУ «ДАТ» Солнечный город лицейм и 8-нэ « Б» классым щеджэ Шырыкъу Ринэ и презентацэ
«ШЫФ1 ЗИ1ЭМ ДАМЭ ТЕТЩ».


Слайд 2
Адыгэ 1уэры1уатэмрэ тхыдэ хъыбархэмрэ къыхэщыж шы ц1эры1уэхэр
Тхъуэжьей(Сосрыкъуэ)
Джэмыдэжь(Щэуей)
Бэдынокъуэ и шыр

Жэманшэрыкъ (Андемыркъан)

Адыгэ 1уэры1уатэмрэ тхыдэ хъыбархэмрэ къыхэщыж шы ц1эры1уэхэрТхъуэжьей(Сосрыкъуэ)Джэмыдэжь(Щэуей)Бэдынокъуэ и шырЖэманшэрыкъ (Андемыркъан)


Слайд 3


Слайд 4
Адыгэ литературэм къыхэщыж шы ц1эры1уэхэр
Налмэс()

Адыгэ литературэм къыхэщыж шы ц1эры1уэхэрНалмэс()


Слайд 5
Адыгэшым и теплъэр
Адыгэш псоми зэщхьу яхэлът: щхьэгъурт (блащхьэм хуэдэу), жьэпхъэбгъухэр

бгъуф1эт, пэщхъын быхъут, тхьэк1умэ дзасэт, нэ п1ащэ-нэ къилыдык1т, пщэ задэ к1ыхьт,я сокур лъэныкъуэк1э тегъэщ1ат, я бгъэр зэлъы1ухат, бгъуэт, ф1алъэ лъакъуит1 зэхуакур быхъут, пл1эшхт, псыгъуэт, лъащхьэ лъагэт,лъэдакъацэтэкъым, шылъэгу дыгъуэ вабдзэкумбт, к1эпкъ псыгъуэ к1эщ1т. А псоми я щ1ы1ужк1э шы лъэпкъ къэс хьэлыф1у яхэлъ бэшэчагъыр, лъэрызехьагъыр, псынщ1агъыр, губзыгъагъыр, 1ущагъыр. Я лъагагъыр метрэрэ ныкъуэрэ хъурт.
Адыгэшым и теплъэрАдыгэш псоми зэщхьу яхэлът: щхьэгъурт (блащхьэм хуэдэу), жьэпхъэбгъухэр бгъуф1эт,


Слайд 6
«Адыгэш къабзэу сэ си шагъдий…»
Адыгэш къабзэу сэ си шагъдий,
Шыщхьэмыгъазэу зынэукъуэдий!

«Адыгэш къабзэу сэ си шагъдий…»Адыгэш къабзэу сэ си шагъдий,Шыщхьэмыгъазэу зынэукъуэдий!


Слайд 7
Адыгэхэм шыр зэрагъасэу щытар
Адыгэхэм шыр зэрагъасэу щытами гъэщ1эгъуэн куэд дэслъэгъуащ.

Абыхэм илъэсым т1эу шым щэрэ лырэ кърагъащтэрт: япэу гъэмахуэ
хуабэр къэмыс щ1ык1э, ет1уанэу щ1ымахуэ уаер къимыхьэ щ1ык1э.
Шыр бо к1ыф1ым щ1аубыдэрт, гъудэбадзэр зэран къыхуэмыхъун щхьэк1э. Япэ щ1ык1э зы тхьэмахуэк1э зэнтхъыр мащ1э-мащ1эурэ иратырт. Иужьк1э чейм изу хуагъэувырт, хуэшхым хуэдиз ишхыу. Тхьэмахуищ-пл1ык1э апхуэдэу ягъашхэрт. Пщэдджыжь къэс и к1эр, и ныбэ лъабжьэр, и лъакъуэхэр ятхьэщ1ырт. И щ1ыфэр махуэм т1эу ялъэщ1ырт. Мазэ дэк1а нэужь, шыгъэшхар махуэ къэс къыщ1ашурэ кърагъэк1ухьу, мащ1эу кърагъэжыхьу, псы щ1ы1эм щэ-пл1э хагъыхьэ-хагъэк1ыу хуежьэрт. Апхуэдэ щ1ык1эк1э шыр япсыхьт. А зэманым абы зэнтхъым нэмыщ1 хьэи хуи иратт. Шым и фэр дахэу, ц1уужу щытын щхьэк1э, сабынк1э е джэдык1эк1э ягъэпск1ырт.

Адыгэхэм шыр зэрагъасэу щытарАдыгэхэм шыр зэрагъасэу щытами гъэщ1эгъуэн куэд дэслъэгъуащ. Абыхэм


Слайд 8


Слайд 9
Адыгэш лъэпкъхэр
Адыгэш лъэпкъхэм хохьэ: Абыкъу, Ачэтыр, Бэчкъан, Дзыгъуафэ, Егъэн, Есэней,

Жэращты, Кърымщокъал, Къундет, Лоу, Нат1эгъуджэ,Трамэ, Хьэгъундокъуэ, Шагъдий, Шэджэрокъуэ, Щолъэхъу,Чыпылу.

Адыгэш лъэпкъхэрАдыгэш лъэпкъхэм хохьэ: Абыкъу, Ачэтыр, Бэчкъан, Дзыгъуафэ, Егъэн, Есэней, Жэращты,


Слайд 10
Шы плъыфэхэр
Брул (щхъуэ)-чубарая
Гъуэ, 1эпап1э хэлъу-рыже-чубарая
Гъуэ зэфэзэщ-рыжая
Къарэ (ф1ыц1э)-вороная
Къэбыфэ (гъуэ, и сокури

и к1эри ф1ыц1эу)- гнедо-пегая
Къуэлэн-гнедо-пегая
Пщ1эгъуалэ (хужь)-серая
Пц1эгъуэплъ (плъыжь)-гнедая
Пц1эгъуэплъ-гыныхуфэ –светло-гнедая

Шы плъыфэхэрБрул (щхъуэ)-чубараяГъуэ, 1эпап1э хэлъу-рыже-чубараяГъуэ зэфэзэщ-рыжаяКъарэ (ф1ыц1э)-воронаяКъэбыфэ (гъуэ, и сокури и


Слайд 11


Слайд 12
Шы пц1агъуэплъ(рыжая)

Шы пц1агъуэплъ(рыжая)


Слайд 13
Шы къарэ(вороная)

Шы къарэ(вороная)


Слайд 14
Къэбыфэ

(гъуэ, и сокури и к1эри ф1ыц1эу)- гнедо-пегая

Къэбыфэ  (гъуэ, и сокури и к1эри ф1ыц1эу)- гнедо-пегая


Слайд 15
Адыгэшым и к1уэк1эхэр:
Лъэбакъуэ
Лъэхъу
Есыр
Ущ
Хьэмк1э

Адыгэшым и к1уэк1эхэр:ЛъэбакъуэЛъэхъуЕсырУщХьэмк1э


Слайд 16
Адыгэшым теухуа псалъэжьхэр
4. Шыр тесым егъэдахэ.
5. Шыф1 зи1эм дамэ

тетщ.
6. Шыф1ыр ныбжьэгъуф1ым хуэдэщ.
7.Шым и къуэгъурэ л1ым и гъуррэ.

1. Адыгэшрэ л1ы бэшэчрэ.
2. Адыгэм и ныбэр егъэныкъуэри и шым и ныбэр екъу..
3. Брулым шибл и к1уэк1э хэлъщ.
Адыгэшым теухуа псалъэжьхэр 4. Шыр тесым егъэдахэ.5. Шыф1 зи1эм дамэ тетщ.6.


Слайд 17
К1эух псалъэ
1.Адыгэшыр дуней псом щыц1эры1уэщ и дахагъымрэ и бэшэчагъымк1э, и

1ущагъымрэ пэжагъымк1э.

2. Адыгэл1ыр зыгъэбжьыф1эу щыта адыгэшыр ди1эжынукъым ар дымыхъумэмэ. Нобэ ар к1уэдыжыпэнк1э шынагъуэ щы1эщ. Щолэхъу лъэпкъыр к1уэдыжыпак1эщ. Шагъдийр к1уэдыжыным нэсащ.

3.«Шыф1ыр л1ыгъэм и ныкъуэщ» же1э адыгэ псалъэжьым. Ар къуэшыф1ым хуэдэу ялъытэуи щытащ, абы къыхэк1ыу адыгэшым пщ1э хуэтщ1у, ф1ыуэ тлъагъуу, дгъэбагъуэу, дыкъызыхэк1а лъэпкъыр дгъэбжьыф1эу дунейм дытетын хуейщ.

4.Шыщхьэр п1эщ1эк1ауэ, шык1эм ук1элъы1эбэжк1э улъэ1эсыжынукъым, нобэ адыгэшыр къызэзыгъэпэщыж, абы иригузавэ дэтхэнэми ф1ыщ1эшхуэ хуэфащэщ. Апхуэдэ щ1алэщ Егъэн Ибрэхьим. Абы лэжьыгъэшхуэ ирехьэл1э адыгэшыр зэгъэпэщыжыным, и гуащ1э емыблэжу, и зэмани щымысхьу апхуэдизу ц1эры1уэу щыта адыгэш къабзэр зэф1эгъэувэжыным хузэф1эк1 псори ирехьэл1э. Ик1и а лэжьыгъэ мытыншыр абы къехъул1эу къызолъытэ. «Шыф1 зи1эм дамэ тетщ» зыхужа1эхэр Ибрэхьим хуэдэ щ1алэхэращ.
К1эух псалъэ1.Адыгэшыр дуней псом щыц1эры1уэщ и дахагъымрэ и бэшэчагъымк1э, и 1ущагъымрэ


Адыгэбзэ… Налъкъут мывэу зэтепщ1ык1, адэжь щ1эину л1ыщ1ыгъуэ миным къыхэк1а, илъэс бжыгъэншэр зи ныбжь, адыгэлъым хэпщауэ къэзыхь, адыгэ лъэпкъым и гупсэ, адыгэгур зыгъэп1ейтейуэ и гурылъ-гурыщ1эхэр макъ жьгъру дахащэхэмк1э къэзыт1эщ1, дэтхэнэ зы адыгэми гукъыдэж къезыт, и пщэдейм гурыф1ыгъуэ хэзылъхьэ, мывэ къурш псынэу бзэрабзэ си адыгэбзэ! Уэ упсэуху псэущ лъэпкъыр, уэ ущымы1эжмэ — лъэпкъыр к1уэдыжауэ аращ. Ди адыгэбзэр псэунущ ар налъкъутналмэсым пэтщ1у зетхьэмэ, тхъумэмэ, гъащ1эм деж хуэфэщэн увып1э едгъгъуэтмэ бзэм и 1эф1агъыр, лъэщагъыр зыхэтщ1эу дыщытмэ, пщ1э хуэтщ1у дыкъэхъумэ, дыкъэтэджмэ.

Адыгэхэм ди дежк1э бзэм мыхьэнэуэ и1апхъэр къегъэлъагъуэ бзэр къыщыунэхуам абы «анэдэлъхубзэр» зэрыф1ащам.

Анэм нэхърэ нэхъ лъап1э щыщымы1эк1э, бзэр анэдэлъхуу Тхьэм къыщыдитак1э, лъэпкъым и дэтхэнэ ц1ыхуми абы пщ1эшхуэ хуэтщ1у, лъагъуныгъэ мыкуэщ1 худи1эу дыщытын хуейщ.

Ди адыгэбзэр, анэдэлъхубзэр лъпкъыбзэ нэхъыжьхэм хабжэ. Апхуэдэ хъугъуэф1ыгъуэри хъумауэ дэ къыднагъэсащ ди узэщ1ак1уэхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ, нэхъыжьхэм. Ик1и, абыхэм тхуахъума бзэр дгъэк1уэдыныр, ар 1эщ1ыб тщ1ыныр емык1ушхуэ зыпылъщ.

Дауэ 1умпэм пщ1ын хуей укъэзылъхуа анэм и бзэр?

Ди бзэр 1умпэм тщ1ымэ, абы дыхуэмысакъмэ, зэдмыпэсыжмэ, сытым дрищ1ысыж? Адыгэбзэм и пщэдейр дэращ зэлъытар.

Дэ адыгэхэм тщыгъупщэ хъунукъым: л1ыщ1ыгъуэ бжыгъэ къэтхьащ тхэк1э – еджэк1э 1эмал димы1эу, «к1ыф1ыгъэм» дыхэту дызэрыпсэуар. Къыдэзауэхэми хъуащ, ди щ1ыгу ттрахами кърагъэк1уащ, ауэ ди адыгэбзэр хэти хуэгъэк1эдакъым,т1урахыни ялък1акъым. Псынэр пхудэжмэ нэгъуэщ1 щ1ып1эм къызэрыщиудыжым, жыг ираупщ1ык1ам и лъабжьэр къызэрыдэжыжым хуэдэу ди адыгэбзэри зауэ-маф1эм къелащ, лъэхъэнэ бзаджэхэри къызэринэк1ащ.

«Зи бзэр ф1ыуэ зымылъагъум и Хэкум гулъытэ нэс хуи1энукъым. Зи бзэр зыф1эмы1уэху ц1ыхур мыгъасэщ. Абы и бзэр къыщ1ыф1эмы1уэхур и лъэпкъым и блэк1ари, нобэри, къэк1уэнури зыуи къридзэкъыми аращ»,- жи1эгъащ Паустовскэм. Гупсысэшхуэ зыщ1элъ мы псалъэхэр тщымыгъупщэу дыщытын хуейщ дэтхэнэ адыгэри. Ит1анэщ ди къэк1уэнур хъуэпсэгъуэ зыщ1ын щ1эблэ узыншэ, зи щхьэм, зи бзэм пщ1э хуэзыщ1ыж ц1ыху дыщыхъунур.

Ди адыгэбзэм хуэдэ бзэ дахэ, бзэ бей щы1экъым.

Зы лъэпкъ псо зэгурызыгъа1уэ бзэщ ди адыгэбзэр, ар я1урылъащ зи напэм япэ псэр изыгъэща ц1ыху щэджащэ куэдым .

Урыс литературэр иропагэ Александр Пушкин усэбзэк1э итха и «Евгений Онегин» романым, усыгъэмрэ псэмрэ я лъагъуэр хэзыша Лермонтов Михаил…

Дауэрэ умыщ1энрэ Горький М., Толстой Н. сымэ я 1эдакъэщ1эк1 щэджащэхэр зэратха бзэр? Ари щхьэпэщ, псэм ф1эф1щ.

Ауэ псом япэр уэ къыбдалъхуа , сэ къыздалъхуа бзэращ. Абы зыри иридэуэфынукъым. Я нэхъ лъагап1э дыдэм тетщ си лъэпкъ мащ1эм и классик щоджэнц1ык1у Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, Уэхътэ Абдулыхь и «1эсят и мывэ» повестыр…

Ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ тхак1уэщ Брат Хьэбас,Кхъуэхъу Цуцэ, Хьэкъун Исуф, Ахъмэт Мухьэдин, нэгъуэщ1хэри. Сынасыпыншэу зыслъытэжынут абыхэм я тхыгъэ телъыджэхэм седжэн папщ1э нэгъуэщ1 бзэ къэзгъэсэбэпын хуей хъуамэ. Гум нэсыр гум къыбгъэдэк1ыращ, ик1и зэи зэщхь хъунукъым анэм и бзэмк1э псэм къедэхащ1эу ятхамрэ хамэбзэм ирагъэзэгъамрэ зэрызэхэпщ1эр.

Дахэщ ди бзэр, хуэпщ1аф1эщ, пшынэбзэ шэщ1ауэ мэбзэрабзэ. А зэщ1эпщ1ыпщ1эр уи гум 1эпап1э зэмыфэгъуу, нурыбзэу къытонэ, уи псэр ехьэху. А дахагъэр тф1эмык1уэду пщэдейрей махуэм нэтхьэсыфын, къык1элъык1уэ л1ыщ1ыгъуэхэм гъащ1э щи1эу адыгэбзэр щы1ун папщ1э,нэхъыщхьэу къэслъытэр адыгэбзэм иригупсысэ, иритхэ, иреджэ, жьабзэ дахэ 1урылъу ирипсалъэ щ1эблэу дыщытынращ.

Бзэ лъэрызехьэ куэд тетщ дуне1м, къэралышхуэхэм я бзэ хъуауэ, ц1ыху куэд ирипсалъэу. Адыгэгу зык1уэц1ылъым, адыгэпсэ зы1утым и бзэр абыхэм нэхърэ зык1и нэхъ ф1эц1ык1унукъым. Къэбэрдей усак1уэ Щоджэн Аслъэнджэрий итхащ бзэм теухуауэ сатыр гъуэзэджэхэр:

Зи бзэр зымыдэу,зы лъэпкъ щымы1э,

Зи бзэр зыхъумэр мис ар лъпкъ къабзэщ,

Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ…

Адыгэбзэм ди дежк1э мыхьэнэуэ и1эр зыхуэдизым, ар зи уасэм ехьэл1ауэ куэд хужа1ащ ди япэ ита нэхъыжьыф1хэм, тхак1уэ ц1эры1уэхэм. «Дуней нэхум япэпсалъэр къызэрысщ1ар си анэдэлъхубзэращ»,- итхащ Мэшбащ1э Исхьэкъ. Жыс1эну сыхуейщ бзэми 1уэры1уатэми увып1э ин зэрыщиубыдыр, мыхьэнэшхуэ зэри1эр ди адыгэ псалъэжь дахэхэм. Бзэм и хабзэмк1э адыгэхэм зэи уи нэр кърищ1у жэуап къыуиткъым, ат1э псалъэжь щ1агъыбзэ, нэгъуэщ1хэри бзэм къегъэсэбэп,бзэр дахэ ещ1.

Щы1экъым бзэ ц1ык1у, е бзэ ин. Си адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм,дахэхэм,нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-1эрыхуэ дыдэхэм ящыщщ. Ди1экъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну. Зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдахэнущ, игъэкъэбзэнущ.

Усак1уэ Бемырзэ Мухьэдин и усэм щыже1э: «Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ».

Адэк1и щ1оупщ1э:

«Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?

Къвгъуэти тхыдэм зэ щищ1ыж ди гугъу,

Ди гъащ1эр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!»

Апхуэдиз зи лъап1агъ мы дунейшхуэм ц1эры1уэ щыхъуа адыгагъэр зэи лъэпкъым ар тхъуэжурэ къигъэщ1акъым, ат1э махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэселэжьурэ, зихъумэжурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ.

Апхуэдиз бэлыхьрэ хьэзабрэ тхыдэм щызышэча, илъэсищэ зауэмрэ истамбылак1уэ гу1эгъуэмрэ къела си лъэпкъыри и бзэри хэмык1эдэжын щхьэк1э хэти тхузэф1эк1ыр тщ1эн хуейщ.

Анэдэлъхубзэ! Ар зэбгъапщэ хъун щы1экъым. Ар зыми емыщхьщ. Ди бзэр дызэрыгушхуэщ,ди 1эщэщ, дин эм и нэхущ:

Адыгэпсэ – нанэ и псэ, сыту иупсэ дахэ!

Адыгэбзэ – дадэ и бзэ, сыту убзэ дахэ!

Еджап1эм щыддж предмехэм щыщу сэрк1э нэхъыщхьэ дыдэр анэдэлъхубзэращ. Адыгэбзэр дэ сэбэп къытхуохъу адыгэ л1акъуэм зэхуихьэса щ1эныгъэр, лъэпкэ щэнхабзэр джынымк1э. Ди еджап1эм сыщыщ1эхьа япэ илъэсым къыщыщ1эдзауэ сэ куууэ зыхэсщ1ащ анэдэлъхубзэм и 1эф1агъыр, и къарур, и лъэщагъыр. А гурыщ1э 1эф1хэр си лъым хэту сыкъэтэджащ. Ик1и абы щхьэк1э сэ сынасыпыф1эу зызобжыж.

1863 гъэм Нэгумэ Шорэ жи1эгъащ: «Сэ сымылъагъунк1и хъунщ а дакъикъэ 1эф1ыр – си лъахэм щ1эныгъэншагъэр 1эщ1ыб щищ1ыну лъэхъэнэр; сыт хуэдиз гухэхъуэгъуэ зыхэсщ1энт сэ абы щыгъуэм…Слъэк1ым хуэдиз сщ1ащ сэ, ф1ыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ къэхъугъэр зи 1эмырымрэ солъэ1у анэдэлъхубзэм хузи1а лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щ1эблэ си ужь къихъуэнк1э»,- жэуэ. Нобэк1э гуры1уэгъуэ тхуэхъур зыщ: бзэр хьэпшипкъым, нобэ пф1эк1уэдамэ, пщэдей къэбгъуэтыжыфыну. Ар ящэкъым ик1и къащэхукъым, ат1э ар ди анэдэлъхущи, нэгъуэщ1 гуэрк1этхуэхъуэжынукъым.

Абы сыт щыгъуи дыхэсакъын , зедгъэужьын хуейщ ик1и а псори зи пщэрылъыр дэращ,щ1эблэращ.

Си сочиненэр сыухыну сыхуейщ ф1ыуэ слъагъу си адыгэбзэм теухуа мы усэ зэхэслъхьамк1э:

Адыгэбзэ, си лъэпкъ дыщэм и бзэ!

Ц1ыхум и гуращэр на1уэ зыщ1.

Гуауэр зыгъэщащэ, жыр зыгъэущыкъуей

Ц1ыхум и гупщысэр жан хуэзыщ1.

Адыгэбзэ, къаруушхуэ зи1э,

Зи лъэпкъ и пэжыр зыгъэув.

Мыл 1уву щтахэр зыгъэвыж.

Узибзэм и щхьэр ину елъагъуж.

Си адыгэбзэу гуф1эгъуэбзэ!

Хъуэхъубжьэ дахэ зэрыжа1э.

Сабий къэхъуамэ и анэбзэ.

Адыгэщ зи бзэр жыбогъэ1э.

1ущыгъэр уи 1унк1ыбзэщ, адыгэбзэ.

Гуапагъэр уи 1эпэгъуурэ уопсэу

«Анэ» псалъэ дахэр ирижа1э

Хэкум ухуэусэурэ уопсэу.

Адыгэбзэу инджыджыпсу къабзэ!

Зи бзэр толъкъун лъэщу къэукъубей.

Дыщэ жыгыу зи жылэр купщ1аф1э

Зи лъэпкъ тхыдэр ену зыгъэбей.

Адыгейский народ

Адыгейский народ относится адыгским народностям. Изначально адыгейские племена имели множество других названий: зихи, каски, касоги, черкесы, керкеты и меоты. Также исторические данные указывают на другие этнонимы адыгского народа — дандрии, синды, досхи, агры и другие. Адыгейский знак «оседлец», подтверждает принадлежность народа к казачьему обществу.

Именно поэтому некоторые называют адыгов касоги или хазары, как производное от слова «коса». Сегодня многие адыгейцы, живущие на Кавказе сохраняют старинные обычаи и отращивают длинные косы.

Содержание:

  • Культура и быт
  • Традиции и обычаи

Культура и быт Адыгейского народа

культура адыгейского народа

В древние времена адыги жили большими семейными поселениями, в которых насчитывалось более 100 жителей. Вместе с тем можно было встретить совсем маленькие семейные общности из 10 человек. Испокон веков главой семьи был отец, а в момент его отсутствия все обязанности переходили к старшему сыну. Женщины никогда не решали важных вопросов и даже не имели права сесть за один стол с представителями сильного пола для того, чтобы попробовать приготовленную пищу. В тот момент пока мужчины охотились, воевали, торговали, женщины убирали в доме, занимались воспитанием детей, готовили еду. Молодые девушки с раннего возраста были обучены рукоделию, домоводству и прочим женским обязанностям. Мальчиков с ранних лет обучали военному делу.

Жилища адыгов строились из древесных ветвей. В таких постройках не использовался фундамент до того, что бы дом можно было быстро построить и так же быстро собрать — в военные времена это было просто необходимо. На полу в своих домах адыги разводили очаг, который давал им тепло и пищу. Если в дом приходили гости, для них выделялась специальная комната — кунацка, а в обеспеченных общинах для гостей воздвигались целые дома.

Национальная одежда адыгов была очень красочна и живописна. Женщины носили платья в пол и платья-шаровары. На талии провязывался красивый пояс, а само платье украшалось различной вышивкой. Такой силуэт и фасон платья подчеркивал красоту каждой женщины.

А вот мужской костюм был еще более ярким. Мужчины носили бешмет, черкеску — длинный кафтан без рукавов и с вырезом на груди, — башлык, бурку и папаху. На черкесе были пришиты гнезда для патронов. Обеспеченные и властных адыги носили белые черкесы, а простые мужчины — черные.

Национальным и самым любимым блюдом адыгов была баранина, а хлеба в домах практически не было. Люди питались продуктами собственного производства — сыром, маслом, молоком и фруктами.

Адыгейский народ славился своим мастерством вышивки. Они великолепно украшали одежды золотыми нитями. Многие делали прекрасные бокалы из бычьев рогов, украшая их серебром и золотом. Военное дело отразилось на мастерстве создания седел для лошадей, они были очень прочны и легки. Также адыгский народ является мастером изготовления керамической посуды — чашек, кувшинов и тарелок.

Традиции и обычаи Адыгейского народа

Традиции адыгов связаны с их образом жизни и самому отношению к ней. Невозможно не сказать об свадебных обычаях этого народа. Свадьбы играли исключительно по сословному равенству. Молодой князь не мог взять в жены простую девушку — только княгиню.

Как правило, жена была одна, но в некоторых семьях многоженство было разрешено. Как по женской, так и по мужской линии существовало одно правило — первым должен связать себя узами брака старший. Невесту жениху искал его друг, после чего, семья жениха платила калым семье невесты. Чаще всего в качестве калыма использовались лошади, овцы и другие животные. Если адыг заключил брак, то этот брак должен быть вечен. Воровство невесты, а точнее умыкание, было довольно распространено у адыгов. Этот обычай проходил довольно в шутливой форме, и вся семья знала о предстоящем похищении.

Еще одним интересным адыгейским обычаем является аталычество. По этому обычаю родители могли отдать своего несовершеннолетнего ребенка на воспитание в другую семью, и вернуться в родной дом он мог только достигнув совершеннолетия. Главная цель такого обычая не воспитание, а дружеский союз между семьями.

Понравилась статья? Поделить с друзьями:

Новое и интересное на сайте:

  • Сочинение на тему my favourite holiday на английском с переводом
  • Сочинение на тему my favourite food
  • Сочинение на тему my favourite book на английском
  • Сочинение на тему my favorite singer
  • Сочинение на тему my dream job

  • 0 0 голоса
    Рейтинг статьи
    Подписаться
    Уведомить о
    guest

    0 комментариев
    Старые
    Новые Популярные
    Межтекстовые Отзывы
    Посмотреть все комментарии